|
|
Календарь событий
11 июля 2025
11 июля, 2025 - 18:00
Адыгэ хабзэр ящIэу, нэмыс яхэлъу, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр гъэсэным хуэлажьэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къалащхьэ Тырныауз илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджа, мы зэманым Бедыкъ жылэм дэт курыт школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Жэмыхъуэ Раисэ Бадын и пхъур. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэм, псори зэхэту къапщтэмэ, илъэс 40-м нэсауэ гурэ псэкIэ пэрытщ Жэмыхъуэр.
11 июля, 2025 - 16:00
Ди тхакIуэхэм Хэку зауэшхуэм траухуащ тхыгъэ куэд. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ фашист зэрыпхъуакIуэхэм ди щIыпIэм щызэрахьа щIэпхъаджагъэ гущIэгъуншэхэр, ди щIалэхэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэр, ди цIыхубэр зэкъуэту бийм зэрыпэщIэтар. А лъэхъэнэм къэхъуа хъыбар гъэщIэгъуэн итхыжащ Къагъырмэс Бориси. Ар теухуащ и адэшхуэмрэ я къуажэм къыдыхьа нэмыцэхэмрэ.
11 июля, 2025 - 16:00
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
11 июля, 2025 - 15:30
Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ. Абы къыхэкIыу, ди республикэм щыпсэухэм ягу къэгъэкIыжыпхъэщ мы гъэм дызэрыт мазэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс къыщыхъеинымкIэ шынагъуэ щыIэ зэрыхъуар. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэр и нэхъыбэм «къызыпэкIуэр» цIыхухэм я Iэпэдэгъэлэлагъымрэ я гудзакъэншагъэмрэщ.
11 июля, 2025 - 14:34
КъБР-м, ЩIалэгъуалэм я унэм, хабзэ зэрыхъуауэ, бадзэуэгъуэм и 8-м щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и урысейпсо махуэр. Республикэм и къалащхьэмрэ районхэмрэ щыщу илъэс 25-м щIигъуауэ зэгурыIуэ яку дэлъу, щапхъэ ягъэлъагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэр утыку кърашащ. Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ телевиденэм и лэжьакIуэ Аттаев Азноррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.
11 июля, 2025 - 14:00
Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ. Псалъэм папщIэ, дохутыр цIэрыIуэу тхыдэм къыхэщыж Боткин Сергей I9-нэ лIэщIыгъуэм шэкIэ игъэхъужу щытащ узыфэ зыбжанэ. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, тхьэмщIыгъу (псалъэм папщIэ, цирроз), тхьэмбыл (жьэн), лъатэ уз зиIэ, зи къупщхьэхэр мыщIагъуэхэм дежкIэ шэр хущхъуэшхуэщ. Ауэ, Гарвард щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ щхъухь гуащIэ хэлъщ.
11 июля, 2025 - 13:55
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ. Абы и къалэмым къыщIэкIа рассказхэр, повестхэр, романхэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. ШэджыхьэщIэм итхащ сабийхэм папщIэ рассказхэри. Абыхэм фIым ухуаущий, гуапэу ущытыным ухуагъасэ, дерс къызыхэпх хъун Iуэхугъуэхэр щыIупщIщ. ГъэщIэгъуэнщ Хьэмыщэ тхыгъэхэмкIэ ныбжьыщIэхэр къыдихьэхын папщIэ къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр, абы лIыхъужьхэр зэрызэригъэпсалъэр, хъуэр псалъэхэр къызэрихьыр, гушыIэр тхыгъэхэм зэрыхиухуанэр.
11 июля, 2025 - 13:40
Бадзэуэгъуэм и 11, мэрем
ЦIыху бжыгъэм хэхъуэным и дунейпсо махуэщ
Шоколадым и дунейпсо махуэщ
1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр Монголием кIуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщIэ.
1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэрэф Майе.
1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим.
Дунейм и щытыкIэнур
11 июля, 2025 - 13:30
Миядзаки Хаяо и «НэкъыфIэщIхэм ирахьэжьахэр» аниме-псысэр адыгэбзэкIэ къагъэпсэлъащ илъэс зыбжанэ ипэ. Псысэр сабийхэр зыдихьэххэм, зыгъасэхэм, зыгъэгупсысэхэм ящыщщ. Ирегъэгупсыс фIымрэ Iеймрэ, пщIэ хъунумрэ мыхъунумрэ, емыкIумрэ екIумрэ, гущIэгъур зищIысым, адэ-анэр зэрылъапIэм, ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэм. ИкIэм-икIэжым, фIыр псоми зэрытекIуэм цIыкIухэр арэзы ещIыж. Псысэр зэдзэкIыныр, техыныр, цIыхухэм егъэлъэгъуныр зигу къэкIар Жьэгупэ Хьэчимщ. Ар и IэщIагъэкIэ юристщ.
11 июля, 2025 - 13:00
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и ТхакIуэхэми и Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин Иорданием хыхьэ Амман къалэм дэс адыгэ унагъуэм I938 гъэм къыщалъхуащ. И адэ Иззэт Хьэсэнрэ и анэ Шыд Зэкиирэ XIX лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм (Тэрч районым хыхьэ ХьэпцIей къуажэм) иIэпхъукIа адыгэ мухьэжырхэм къатехъукIыжащ. Абы и адэжьхэр япэщIыкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм, иужькIэ Иорданием Iэпхъуащ.
|