Календарь событий

12 июля 2025

Сабийхэм я зыгъэпсэхупIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и хэщIапIэм, сабийхэм папщIэ зыгъэпсэхупIэ утыку къыщызэIуэхащ. Абы иращIэкIа зэхыхьэ гуапэм хэтащ   зи суд ящIахэм я ­тезырыр щапшын   IуэхущIапIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI ­къулыкъум и полковник Демидов Александр, сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Бэдракъ Iэминэ, Налшык къалэ ­администрацэм и  Iэтащ­хьэм и къуэдзэхэу Мэремыкъуэ Аль­бердрэ Дыгъужь Натэллэрэ, «Проминжиниринг»  ухуэныгъэ компанием и уна-фэщI Битохъу Азрэт сымэ. 

Зэкъуэтрэ зэдэIэпыкъуу

Ди къэралым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щыщу нэхъ хьэлъэ дыдэхэм хабжэ Хэку зэуэшхуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIы­ху­хэми къаруушхуэ халъхьащ дуней псом мыхьэнэ ин дыдэ щызиIа ТекIуэныгъэр къэ­хьы­ным. Нал­шыкдэсхэми абы ­хуагъэша лIыгъэр мащIэкъым.

УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр ягъэбелджылы

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ республикэм и Iуэ­ху­­хэр къэзыгъэлъагъуэ унэтIыныгъэ зыбжанэм.

Пэрытхэм дыхалъытэ

Ди гуапэ зэрыхъущи, мэкъумэш ерыскъыпхъэ къэлэжьынымкIэ унэ­тIы­ныгъэ зыбжанэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыпэрытхэм ящыщщ. Абы теухуа хъыбар жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэдыхь Тимур, щIыналъэм унафэр щызегъэ­кIуэнымкIэ IэнатIэм (ЦУР) къыщы­зэрагъэпэща эфир «занщIэм» къы­щыщыпсалъэм. 

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.