|
|
Календарь событий
14 июля 2025
14 июля, 2025 - 18:08
Политикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм нобэ щыгъуазэ зыпщIыну гугъукъым, хъыбарыщIэхэм дыкъагъэуш икIи дагъэжеиж. 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум иджыри зы мафIэс къызэрыщыхъеямкIэ иухащ. Зи гугъу тщIыр «Махуэ 12-кIэ екIуэкIа зауэ» зыфIаща, Израилымрэ Иранымрэ я зэпэщIэтыныгъэрщ.
14 июля, 2025 - 17:07
Иджыблагъэ Гъэмахуэ театрым щызэхуэсащ налшыкдэсхэр, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщхэр, ди гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэр. Псори куэд щIауэ пэплъэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артист, Шэшэн Республикэм и цIыхубэ артист Апэнэс Астемыр и пшыхьым.
14 июля, 2025 - 15:26
ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ - насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ Къул Дайанэ. Ар уэрэджыIакIуэщ, «Амикс» гупым зыщигъэсащ, Москва Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым щеджащ. Унагъуэщ. Аланрэ Дайанэрэ хъыджэбзитI яIэщ.
14 июля, 2025 - 14:00
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щагъэлъэгъуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм траухуа, дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Иван» фильмыр. Ар трахауэ щытащ 2009 гъэм.
14 июля, 2025 - 13:12
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурсым теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №85-УФ-мкIэ къащтам и 1.3-нэ пунктым ипкъ иткIэ:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм хэтхэр къэщтэн.
14 июля, 2025 - 12:44
Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар интернетым Алёхин Митрофан и IэдакъэщIэкIыу «Налшык бэзэр» зи цIэ сурэтым дызэрыщрихьэлIарщ. Езы сурэтыщIри ди щIыпIэм щыпсэуауэ къыщIэкIа нэужь, хэту пIэрэ а Алёхиныр жыдмыIэпIэ иIэжтэкъым.
14 июля, 2025 - 11:52
Бадзэуэгъуэм и 14, блыщхьэ
1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.
1904 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Щоджэн Iэюб.
14 июля, 2025 - 11:46
ЩІэблэм я бзэр яІурылъу къэгъэхъуным зэдэууэ делэжьу щытми, абы унагъуэм хуэфащэ гулъытэ зэрыщыхуамыщIым щІэх-щІэхыурэ дыІуоуэ. Адыгэхэм ди дежкIэ ди бзэм мыхьэнэуэ иIэпхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэ» зэрыфIащам. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэхэм къытхутопсэлъыхь Бахъсэн къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ пашэ Щад Иринэ.
14 июля, 2025 - 11:41
Анэ… Сыту мыхьэнэшхуи иIэ, къаруушхуи щIэлъ хьэрфищ фIэкIа мыхъу а псалъэм. Анэмрэ бынымрэ яку зэпыщIэныгъэ быдэ дэлъщ, ахэр зэпэIэщIэ щыхъуми, гухэр зэрощIэ, псэхэр зэрыIыгъщ. Бынымрэ анэмрэ зэпызыщIэ къуэпсыр зэпызычыфын, яку дэлъ лъагъуныгъэр зыхуэгъэкIуэдын зы къаруи щыIэкъым.
ЗэрыжаIэу, цIыхур балигъ щыхъур и анэр дунейм щехыжа махуэрщ. Уи ныбжьыр хэкIуэтэхукIэ анэм теухуа гукъэкIыжхэр нэхъ гуащIэ мэхъу, абы теухуа теплъэгъуэхэр нэгум щIэт зэпытщ. И анэм теухуа гукъэкIыжхэр итхыжащ Молэ СулътIан.
|