|
|
Календарь событий
15 июля 2025
15 июля, 2025 - 16:00
«Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэжу илъэс куэд лъандэрэ къекIуэкIхэм, хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхьхэм ящыщщ газетым и щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэ, тхыгъэ хьэлэмэтхэр зи къалэмыпэм къыпыкI Iэщнокъуэ Олег. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Олег и тхыгъэ. Ар теухуащ Нало Леонид Хьэмырзэ и къуэм.
15 июля, 2025 - 15:30
Налшык къалэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэм ирихьэлIэу къызэригъэпэщащ «Хэку зауэшхуэм теухуа гукъэкIыжхэр унагъуэхэм щахъумэ» зыфIаща зэхыхьэр. Ар къыхалъхьащ «Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэ фэеплъыр унагъуэхэм щытхъумэнщ» Iуэхум хыхьэу.
15 июля, 2025 - 15:00
Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм яхэтщ адыгэбзэр игъэшэрыуэ къудей мыхъуу, тхыгъэ гуэрхэр анэдэлъхубзэкIэ зыгъэпс. «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъу пэжхэм ящыщ Мэкъей Умарбий Iэ зытридзэ къыдэкIыгъуэхэм езым нэхъыфIу илъагъу напэкIуэцIхэр къыхегъэщхьэхукI, ахэр щIеджыкI, топсэлъыхьыж.
15 июля, 2025 - 13:00
Бахъсэн къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ Волгоград къикIа хьэщIэхэр зыхэта зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.
15 июля, 2025 - 12:00
Ебгъэщхьыну абы ипэкIэ щымыIа кхъухь цIыкIур къигупсысам и мызакъуэу зи IэрыкIыуи къалъытэр Франджым XVIII лIэщIыгъуэм щыпсэуа маркиз, топыдзэм и офицер, инженер IэщIагъэм езыр-езыру зыхуезыгъэсэжа Клод Франсуа Дороте де Жоффруа д'Аббэщ.
15 июля, 2025 - 12:00
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жаIэ. Адыгэм а псалъэжьым купщIэшхуэ щIелъхьэ. ЛIакъуиблкIэ уи благъэр пщIэным, пцIыхуным мыхьэнэшхуэ иратырт. Лъэпкъхэм я унагъуэцIэм и тхыдэр зэфIэгъэувэжыным гулъытэшхуэ хуащI. Абы и лъэныкъуэкIэ Шыгъушэ лъэпкъым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр къигъэлъагъуэжащ Шыгъушэ Алий.
15 июля, 2025 - 11:00
ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я дуней лъагъукIэм зы лъабжьэщ иIэр: щыIэныгъэм хэмыкIуэдэжу дунейр щIэблэщIэм къазэрыхуагъэнэнум хуэгъэпса щэнхабзэ къэгъэщIынырщ. Апхуэдэ щэнхабзэхэм курых яхуэхъури унагъуэращ, сыту жыпIэмэ абдежщ къыщежьэр цIыхум иIэн хуей лъэпкъ зэхэщIыкIри, и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ еплъыкIэхэмкIэ и лъэпкъэгъухэм зэрадэгуэшапхъэ бзэри, и дуней гурыIуэкIэри. Пэжыгъэр, щыпкъагъэр, цIыхугъэр, лъагъуныгъэр цIыхум къыщищIэри абдежщ – унагъуэращ. Мис а Iуэхугъуэхэращ къилъытар Налшык къалэм дэт, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым иджыблагъэ зэхиша гуфIэгъуэ дауэдапщэри.
15 июля, 2025 - 09:45
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и ухуэкIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм накъыгъэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №176-РГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
15 июля, 2025 - 09:30
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Щэнхабзэм и IуэхукIэ и Законым и 36-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
15 июля, 2025 - 09:00
Бадзэуэгъуэм и 15, гъубж
♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ
♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.
♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.
♦1925 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.
|