|
|
Календарь событий
16 июля 2025
16 июля, 2025 - 18:39
Есэнокъуэхэ зэшищ хъурт: Уэзырмэс, Темыркъан, Уэзырмэдж. Хъыжьэхэт, lэщакlуэхэт, леймыгъэгъут. „Есэнокъуэхэ леймыгъэгъуищ“ зыхужаlэр а зэшищыращ. Чэфыщ зэшитlыр бий къахуэхъуащ Есэнокъуэхэ. Бий зэхуэхъуауэ, Чэфыщхэ къатехьэри, хэкур ябгынэн хуейуэ хасэм унафэ ящlащ.
16 июля, 2025 - 15:56
Террорист Iуэхухэм сыт щыгъуи хэщIыныгъэ къашэ, я инагъым елъытауэ. Языныкъуэхэм апхуэдэ лъэужь бзаджэ къагъанэри, уеблэмэ, тхыдэм хэгъуэщэжыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, I9I6 гъэм Архангельск щалэжьар.
16 июля, 2025 - 14:32
Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща скульптор цIэрыIуэ ТхьэкIумашэ Михаил Хьэмид и къуэм и лэжьыгъэхэр зымыцIыху къэгъуэтыгъуейщ. Ар къызэралъхурэ нобэ илъэс 97-рэ ирокъу.
16 июля, 2025 - 13:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ щIыналъэм и Екатериноградскэ станицэр республикэм и пасэрей жылагъуэхэм ящыщщ. Екатериноградскэ станицэм, 1785-1790 гъэхэм Екатериноград къалэу щытам, и тхыдэм теухуа хьэпшып куэд щахъумэ Пушкиным и цIэр зезыхьэ музейм. Ахэр зэхуахьэсащ абы щыпсэухэм. Музейм и унафэщIыр Федецовэ Верэщ.
16 июля, 2025 - 13:12
КъызэрыгуэкI дыдэу къыпщыхъуну Iуэхур узэрымыгугъауэ къызэрызэкIуэцIыр плъэгъуа нэужь, щIэныгъэм щIэ зэримыIэр нэхъри уи фIэщ мэхъу. ГуфIэгъуэ Iэнэм цIыхур етIысылIэу ар тхьэмадэм хъуэхъукIэ къызэрызэIуихым дэтхэнэ зы адыгэри щыгъуазэщ. Ауэ «хъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ» жыIэгъуэр щызэхэпхкIэ, Iэнэм епха хабзэхэмрэ хъуэхъу гъэзэщIэкIэмрэ ещIэкIауэ зэгуэр щэнхабзэ лъэрыхь зэрыщыIар хьэкъыу уи пащхьэ къоувэ.
16 июля, 2025 - 13:09
Хамэ къэралхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм къахэкIащ зи гъащIэр литературэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, тхыдэм тезухуа куэд. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэхэм я гугъу щещI тхакIуэ, публицист, журналист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъым. Зи гугъу тщIы цIыху зэчиифIэхэм ящыщщ тхакIуэ социолог Мэзхьэр Исмэхьил, ар иджырей мысыр киноактер цIэрыIуэ Мэз¬хьэр Ахьмэд и адэщ. Студенту щыщыта зэманым, I908 гъэм щыщIэдзауэ абы къыдигъэкIырт «Аш-Шааб» газетыр. Илъэсибгъу дэкIа нэужь Мэзхьэрыр «Ал-Усур» журналым и редактор нэхъыщхьэ мэхъу.
16 июля, 2025 - 12:44
Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
16 июля, 2025 - 12:26
Бадзэуэгъуэм и 16, бэрэжьей
1922 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд.
1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.
1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
|