|
|
Календарь событий
18 июля 2025
18 июля, 2025 - 17:34
Даур Аслъэн зы зэман къигъэщIауэ щытащ «Дахэнагъуэ» цIэ дахэр иIэу бзылъхугъэ ансамбль екIу. Сыт хуэдэ гупсысэт абы Аслъэн лъабжьэ хуищIар?!
18 июля, 2025 - 15:16
Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м пэкIу щызэхэтащ, ар къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда Гугъуэт Нурхьэлий и щIыхькIэ. Къэралым и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ зи псэр щIэзыта щIалэм абы фэеплъ къыщыхузэIуахащ.
ЩIалэм и фэеплъым пщIэ хуащIыну, абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я гузэвэгъуэр дагъэпсынщIэну пэкIум зрагъэхьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, хэкIуэдам и ныбжьэгъухэм, зыцIыхуу щытахэм, къуажэдэсхэм.
18 июля, 2025 - 14:16
Налшык къалэм нэчыхьхэр щрагъэтх и Уардэунэм щагъэлъэгъуащ дизайнер Дудар Заремэ и IэдакъэщIэкI фэилъхьэгъуэхэр. Iуэху дахэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Пенсэ фондым, ЗАГС-м и къудамэм и унафэщI Шэру Валентинэ, модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ.
18 июля, 2025 - 14:11
«ЕхъуэрэхъуэкIыурэ Гъэлъэхъукъуэ нэсащ», – жаIэ зи цыр псыгъуэ, зи лыр хьэлъэ, лъэкIэ псынщIэ хъуа гъэлъэхъум щхьэкIэ. ГъэлъэхъукъуэкIэ зэджэ къуэладжэм псынэщIэжхэр щыкуэдт, удзыпцIэр щыбэт, хьэуар щыкъабзэт – дауи гъэлъэхъум лы имыщIынрэт!.. Зэрахуэурэ гъуэгу кIыхьым иригъэша хъушэр щIыпIэ пыухыкIам нэсу зыщаужьыжкIэ, апхуэдэу жаIэ хабзэт, зэгуэр ди адэжьхэр а Гъэлъэхъукъуэм нэсу зэрыщытам и шэсыпIэ адыгэбзэр иувэу. НобэкIэ а псэлъафэр зытеухуар зи узыншагъэр зэфIэзыгъэувэж, зэрыщытам емыщхьыжу жан къэхъужа, зи Iэпкълъэпкъыр псынщIэу щIэкIыу хуежьэжа цIыхурщ.
18 июля, 2025 - 14:09
Пасэрей адыгэхэм я хьэлу щытакъым утыкуакIуэу. Зы IэзагъэфI гуэр зыбгъэдэлъыр, е зауэ гуащIэм нэхъ лIыгъэшхуэ щызезыхьар, хьэмэрэ къаруушхуэ зиIэр гуп хэхуамэ, сабыру щысынут, езыр зэрыпсалъэм нэхърэ адрейхэм жаIэм зэредаIуэр нэхъыбэу, гуп зыхэхуам зыкIи закъыхимыгъэщу.
18 июля, 2025 - 12:26
Сабий усакIуэхэм я гугъу щыпщIкIэ, зэуэ уи гум къридзэхэм ящыщщ АфIэунэ Лиуан. Егъэлеяуэ купщIафIэу, гъэщIэгъуэну, телъыджэу сабий усэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ абы. Дэтхэнэ зы усэми сабиигъуэм ухишэжу апхуэдэщ. Сабийм ухуэтхэныр куэдкIэ нэхъ гугъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ уи IэдакъэщIэкIыр абы зыхебгъэщIэн папщIэ, а цIыкIум и дунейр фIы дыдэу зыхэпщIэн хуейщ. Сабий дунейри сабиипсэри фIы дыдэу зыхищIэрт Лиуан. АбыкIэ и усэхэм нэхъ щыхьэтыфI ухуейкъым. УсакIуэ телъыджэм и творчествэм тетхыхьащ тхакIуэ Гъэунэ Борис.
18 июля, 2025 - 12:16
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и турист къулеигъэхэр здэщыIэ щIыпIэхэм зэщIэгъэуIуауэ шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №93-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
18 июля, 2025 - 11:12
Бадзэуэгъуэм и 18, мэрем
1849 гъэм къалъхуащ адыгэ джэгуакIуэ Мыжей Сэхьид
1932 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, искусствовед, критик КIурашын БетIал.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 – 33-рэ, жэщым градус 22 – 23-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
|