Календарь событий

20 июля 2025

Дыгъэм ущызыхъумэ нэгъуджэхэр къызыкъудохри…

Гъэмахуэщ. Дыгъэм и бзийхэм я гуащIэгъуэщ, хуабэр тIэкIу щыегъэлеяи махуэхэм къахэхуэу. Апхуэдэхэм деж цIыхухэр жьауапIэ мэлъыхъуэ, псы щIыIэ йофэ, жьыху лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ хуабаем зыкърагъэл, псыхъуэм, тенджызым макIуэхэр. 

Тенджыз Iуфэр ягъэкъабзэ

Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгылъэ  къэлъыхъуэ­ныгъэ-къегъэлакIуэ гупым и лэжьа-кIуэ Мехдиев ТIэхьир ящIыгъущ тенджыз ФIыцIэ Iуфэр зыгъэкъэбзэжхэм.

Къафэм и гуащэ

Адыгэр дэнэ щыIэми, адыгэу къэнэжыныр и къалэн нэхъыщхьэу зыгъэувым сыту пщIэшхуэ къилэжьрэ! Псом хуэмыдэу, а цIыхур ­хамэ къэрал щапIамэ, хамэ щэнхабзэм хэпсэукIмэ, хамэбзэм ирипсалъэмэ, абы ирила­жьэмэ. Апхуэдэ цIы­хум уи щхьэр лъагэу уегъэ­Iэт.

Азрэт Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

Дэтхэнэ цIыхуми хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыщхьэхэр наIуэ къохъу ар щытыкIэ къызэ­ры­мыкIуэм щихуэм деж. Зи гугъу сщIы а щытыкIэр къэзышэ щхьэу­сыгъуэхэм хохьэ уи щхьэкIэ е уи IыхьлыкIэ гузэвэгъуэ ущыхэхуэр, фIэкIыпIэрэ хэкIыпIэрэ зыхуумыгъуэт Iуэхугъуэхэр къыщыкъуэкIыр. Псом хуэдэжкъым, дауи, укъыщалъхуа щIыналъэм, ущыпсэу къэралым шынагъуэ къыщыщ­хьэ­­щыхьэр. Хэкупсэ гъэсэныгъэ зыхэлъ цIыхум абы щыгъуэ къызыкъуих къарумрэ лIэ­кIы­ныгъэмрэ, лIыгъэмрэ хахуа­гъэмрэ зыхуэбгъэдэн щымыIэми ярейщ. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу щыдолъагъу, ди къэ­ралым и тхыдэ блэкIам хэта къуэ­хъукъащIэ къызэрымы­кIуэхэм я напэкIуэцIхэм дыщ­рип­­лъэжкIэ. 

Къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр зи IэрыкI

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым иджырей лъэхъэнэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэ­хэмрэ яIэ щытыкIэхэмрэ къэплъытэмэ, гляциологие щIэныгъэм мыхьэнэуэ иIэм и инагъым иджыри зэ урегъэгупсысыж. Дыгъэм и гуащIагъыр нэхъ лъэщ, дунейм и хуабагъым хэпщIы-кIыу зиIэт щыхъуа иужьрей илъэсхэм, дауи, ­гулъытэншэ пщIы хъунукъым мылылъэ Iувхэр, псы гущIыIум тес мыл тафэхэр, къуршыщхьэ ­лъагэхэм телъ уэс мыткIужхэр джыныр, абыхэм щIылъэмрэ щIыуэпсымрэ, псыежэххэмрэ тенджызхэмрэ ират зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр къэхутэныр.