|
|
Календарь событий
21 июля 2025
21 июля, 2025 - 15:07
Адыгэм и сабий джэгукIэхэр къигупсысырт акъыл хэлъу, сабийхэр нэхъ жан ищIу, гурыхуагъэм хуигъасэу, Дауи, цIыкIухэм я ныбжьым теухуауэ ахэр зэхагъэщхьэхукIырт. НэхъыщIэ дыдэхэр, псалъэм папщIэ, илъэси 3, 4 зи ныбжьхэр, зэрыджэгу Iэмалхэр щхьэхуэт. Нэхъыбэм ахэр зэхагъэувэрт балигъ гуэри ящIыгъуу джэгун хуэдэу. Балигъ ящIымыгъуу джэгуу еса сабий курытхэм я джэгукIэхэр нэгъуэщIт, нэхъ гугъут, нэхъыбэ бгъэзэщIэн хуейуэ хэтт. Адыгэ сабий джэгукIэхэм къахыболъагъукI лъэпкъым и хьэл – щэн щхьэхуэ гуэрхэр. Абы теухуауэ щапхъэу къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ джэгукIэ зыбжанэ.
21 июля, 2025 - 14:06
Урысей МВД-м Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и генерал-майор Кузнецов Алексей, республикэ Автоинспекцэм и унафэщI, полицэм и полковник Бэджыдэ Юрэ щIыгъуу щыIащ бзаджащIэхэр зытеуа полицейхэу зи узыншагъэр зэфIагъэувэжхэм я деж.
21 июля, 2025 - 14:05
1942 гъэм шыщхьэIум и пэщIэдзэм фашистыдзэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщихьам, зыми къимыгъэувыIэфу дыгъэм и гъуэгур зэрыхигъэщIым хуэдэу, ди цIыхухэри, гуауэми, залымыгъэми, Iэщэми кърамыгъэкIуэту, хуитыныгъэм, насыпым, Совет властыр я Хэкум ща-гъэувыжыным щIэбэнырт. Абыхэм шэч къытрахьэртэкъым фIыр ем зэрытекIуэнум, нэмыцэ фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрырахужынум. ГугъэфIымрэ фIэщхъуныгъэмрэ ахэр гугъуехьым трагъакIуэрт, бийм ерыщу ебэныным къыхураджэрт.
21 июля, 2025 - 13:57
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэм кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, илъэс 56-рэ ипэкIэ, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и I9-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршрызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. Нэху къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы кIэлъикIащ Олдрин Эдвин. ЗэрыжаIэжымкIи, а тIум къыщакIухьын яхузэфIэкIащ а уафэщIым и гущIыIум.
Пэжи пцIыи
21 июля, 2025 - 13:02
ЕгъэджакIуэр сабийхэм щапхъэ, ущиякIуэ яхуохъур. А IэщIагъэр къыхэзыхым ар фIыуэ къыгурыIуэу лажьэмэ, щIэблэр щIэныгъэм дегъэхьэхыным, гъэсэным зэрыпэлъэщынум шэч хэлъкъым.
21 июля, 2025 - 12:33
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIащ «Российский центр оборота прав на результаты творческой деятельности» (РЦИС) урысейпсо жылагъуэ-къэрал IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр. КъБКъУ-м и «Точка кипения» IуэхущIапIэм бадзэуэгъуэм и I7-м щекIуэкIащ «Интеллектуальныя собственность: основа инновационно-креативной экономики. Кабардино-Балкарская Республика - 2025» щIыналъэ зэхуэсыр.
21 июля, 2025 - 12:26
Бадзэуэгъуэм и 21, блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ металлургым и махуэр
1829 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум зэи цIыхулъэ темыувауэ адыгэлI Хьэшыр Чылар къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ а къуршым дэкIащ.
1994 гъэм Къэбрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
Дунейм и щытыкIэнур
21 июля, 2025 - 11:18
ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэзынэкIахэм ящыщщ БжэныкIэ Мухьэб и тхыгъэр зытриухуа Гындыгъу Ахьмэд. Мамыр гъащIэми Хэку зауэшхуэми зэфIэкI хъарзынэхэр къыщызыгъэлъэгъуащ ар. Лъэужь дахэ гъащIэм къыхинащ, ар я щапхъэщ абы и ужь къина и щIэблэм.
|