|
|
Календарь событий
25 июля 2025
25 июля, 2025 - 19:08
Адыгэхэр сыт щыгъуи я къафэкIи фащэкIи щапхъэу щытащ, «Кавказым и франджыхэр» цIэр теIукIауэ. А фIыгъуэхэм ямыгъэкIуэду зэрыпащэр щынэрылъагъущ Тэрч районым и «Дуней» къэфакIуэ гупым. Ансамблыр зэрыщыIэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуми, и цIэр жыжьэ игъэIуну хунэсащ. Абы текIуэныгъэхэр мызэ-мытIэу къыщихьащ ди щIыналъэ, урысейпсо зэпеуэхэм. НыбжьыщIэхэм зыщагъасэ Дей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм, гуп унафэщIыр Сатибал Казбекщ.
25 июля, 2025 - 18:06
Хэкур цIыхум и дежкIэ зиIысыр щхьэж къызэриIуатэр зэхуэдэкъым. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам и ветеран Мэзло Заурбэч жиIэращ: «Хэку лъагъуныгъэр псом япэу унагъуэм къыщыщIедзэ. Сэ хэкупсэу сыкъагъэхъуащ си адэ-анэм, си адэшхуэм. Псом хуэмыдэжу щапхъэ схуэхъуар си адэшхуэм и адэ Жабоев Мухьэмэд лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэку зауэшхуэм зэрыхэтарщ, ар Берлин зэрынэсарщ».
25 июля, 2025 - 17:27
Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ къыщыхалъхьащ зихуэдэ щымыIэ егъэджэныгъэ жэрдэмыщIэ.
25 июля, 2025 - 16:20
Мыпхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Нало Заур и Iэрытх си лэжьапIэ пэшым щIэлъщ. Заур дунейм ехыжа иужьщ къыщысIэрыхьар, ауэ алъандэри куэд щIащ. Апхуэдэ тхыгъэхэу къытезмыдзэ щIыкIэ зи IэдакъэщIэкIхэр дунейм ехыжахэм я гуэныхь стелъу къызэрысщыхъуми и гугъу мызэ-мытIэу сщIащ. Дыкъызэралъагъур, дунейм къыщекIуэкIым зэрыщыгъуазэр хьэкъыу си фIэщ мэхъури, Заур и псэр щыгуфIыкIыным сыщыгугъыу ди газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тызодзэ Налом и гукъэкIыжыр.
25 июля, 2025 - 16:08
Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм я цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэм и лауреат, япэ балъкъэр усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Зумакуловэ Танзиля бадзэуэгъуэм и 18-м игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур.
25 июля, 2025 - 15:17
Лъэпкъ къыдекIуэкI сыт хуэдэ дауэдапщэри хабзэ дахэм тету ирагъэкIуэкIыу лIэщIыгъуэкIэрэ адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ. Къапщтэмэ, а и хабзэ дахэхэр адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ жезыгъэIари и хъыбар щIыпIэ жыжьэхэм зыгъэIуари. ГуфIэгъуэ Iуэхухэм ящыщщ хьэгъуэлIыгъуэр. Абы Iуэхугъуэ куэд иращIэкI. ХьэгъуэлIыгъуэм и Iыхьэхэм ящыщ зыщ фызышэр.
25 июля, 2025 - 14:13
«ГъащIэр нэхъ тынш зыщI ухуэныгъэхэр» зыфIаща лъэпкъ пэхуэщIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ къуажэ пхыдзахэм икIи нэхъ цIыкIухэм езышалIэ-япхрыкI автомобиль гъуэгухэр егъэфIэкIуэныр.
25 июля, 2025 - 13:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондыр, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэр, илъэс еплIанэ хъуауэ щыпашэщ «Зи лэжьыгъэр фейдэ къегъэщIыным пымыщIа» зэпеуэм. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм.
|