|
|
Календарь событий
29 июля 2025
29 июля, 2025 - 17:44
«Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIэгъащ адыгэм. Ди анэдэлъхубзэмрэ ди хабзэмрэ я къэщIэрэщIэжыгъуэм и лъэхъэнэм диту жыпIэ хъунущ, нобэрей щIэблэм ухэплъэмэ.
29 июля, 2025 - 16:46
Сабийр гъэсэным, егъэджэным гугъуехьышхуэ зэрыпылъри, а Iуэхугъуэр нэхъ гугъу зэрыхъури шэч къызытумыхьэнщ. Уэ къыбдэплъейхэм, уэ щапхъэ узыхуэхъухэм ауэ къызэрыгуэкIыу уабгъэдэт хъунукъым. Аращ ущыпсэу зэманым къигъэув къалэнхэмрэ мурадхэмрэ бгъэзэщIэн зэрыхуейми шэч щIыхэмылъыр. ЕгъэджакIуэм зэи зыщигъэгъупщэ хъунукъым и еджакIуэхэр гъащIэм зэрыхэбэкъуэну щIыкIэр езым зэрелъытар. А Iуэхум ехьэлIа и гупсысэхэмкIэ ди газетеджэхэм нобэ ядогуашэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школ №I-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ. Хъубий Жаннетэ.
29 июля, 2025 - 14:12
ЩIэныгъэм зэригъэбелджылащи, псори зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыIуэ бзэм нэмыщI, пасэрей щакIуэхэм, зекIуэлIхэм бзэ лIэужьыгъуэ гуэр яIащ, зекIуэбзэкIэ, щакIуэбзэкIэ еджэу: щIагъыбзэкIэ зэпсалъэрт зекIуэ ежьа шухэр, псэущхьэхэм я цIэ ираIуэртэкъым щакIуэхэм. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: зекIуэлIым и щэхум щыгъуазэIа хъунутэкъым - хэт и гъусэ, дэнэ лъэныкъуэкIэ здиунэтIынур, я гъуэгур кIыхь, хьэмэрэ кIэщI? Псэущхьэхэм я цIэ ираIуэмэ, щакIуэхэм я Iуэху къадэмыхъуну (къамыщэкIуфынуIауэ) ялъытэрт.
29 июля, 2025 - 12:26
Тхылъыр, еджэныр зи Iэпэгъум литературэм и жыпхъэ сыт хуэдэри и зэхуэдэу си фIэщ хъуркъым. Художественнэ тхыгъэхэр зыфIэфIхэми, тхыдэ IэдакъэщIэкIхэр нэхъ къэзыщтэхэми, щымыIэфыну къэгупсысахэр зи лъабжьэхэр (фантазие) къыхэзыгъэщхьэхукIхэми уарихьэлIэнущ. Драмэ тхыгъэр нэхъ еджэгъуейхэм ящыщу зэрыщытым къыхэкIыу, абы зыщызыдзейри бгъуэтынущ. Ауэ, си фIэщ хъуркъым, гушыIэр, абы щыгъуэми гушыIэ дахэр, зи лъабжьэ тхыгъэхэр гунэс зыщымыхъун щыIэу.
29 июля, 2025 - 11:24
Сыхьэт иримыкъу жыгым кIэрысауэ, лъэбакъуэ тIощIитI нэхъ пэмыжыжьэу псалъэмакърэ шу лъэ макърэ зэхихащ. Зыр ину псалъэрт губжьауэ. Зэхихыр адыгэбзэт, я псалъэмакъыр мэзым хуиту щызэхэпхырт. Зэпсалъэр мыадыгэми, адыгэбзэ ныкъуэкIэ къепсэлъэжырт. ШитIымрэ цIыхуитIымрэ иджыри зы гъусэ яIэт, ари шым телът.
- ТIэу-щэ зыкъридзыхыурэ теслъхьэжыщ. Бетэмал, иджыри зы шы диIатэмэ, къыдэмыхьэлъэкIыу ЦIэмэзым е Быгъуркъалэ нэс тхуэшэнт.
- Зы шу къытIэщIэлъагъуэмэ, сэ сеуэнщи къезгъэпсыхынщ. Мыр абы тетлъхьэнщи, ди гъуэгур нэхъ хэщIынщ.
29 июля, 2025 - 10:01
ДызиIысыр, гъащIэм щыдиIэ мыхьэнэр, къалэныр, дызрикIуэну гъуэгуанэр къэтхутэн щхьэкIэ, куэдрэ би блэкIам дроплъэж, тхыдэм зыхудогъазэ. Апхуэдэ зы гъэщIэгъуэнагъ гуэрым сылъыхъуэу арати, «Шэрджэс Хэку» газетым ГъукIэкъул Даут и цIэр щIэту зы тхыгъэ хьэлэмэт къысIэрыхьащ. Ди лъэпкъым и тхыдэм епха хъыбар щхьэпэмкIэ «Адыгэ псалъэм» еджэхэми дадэгуэшэну ди гуапэщ.
29 июля, 2025 - 07:10
Бадзэуэгъуэм и 29, гъубж
Къаплъэным и дунейпсо махуэщ
1941 гъэм къалъхуащ щIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий.
1945 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий.
1947 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан.
|