|
|
Календарь событий
30 июля 2025
30 июля, 2025 - 16:41
ЦIыхум лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкIыр къызэралъытэ мардэхэм, абы и ехъулIэныгъэхэм я пщалъэ нэхъыщхьэу ягъэувхэм ящыщщ къэралым къыбгъэдэкI фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, щIыхьыцIэ, дамыгъэ лъапIэхэр. АбыхэмкIэ зыбжанэрэ ягъэпэжащ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Дол Маринэ. Иджыблагъи апхуэдэ гулъытэ лъагэ къыхуащIащ бзылъхугъэм.
30 июля, 2025 - 16:36
Бадзэуэгъуэм и 30, бэрэжьей
Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ
1916 гъэм къалъхуащ япэ рангым и капитан, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, дзэ-тенджыз щIэныгъэхэмкIэ кандидат Вэрокъуэ Гъузер.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 33 - 34-рэ, жэщым градус 24-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Хьэлэл и гъуэмылэ пэшхщ.
30 июля, 2025 - 15:33
ЦIыхур зы ныбжь гуэрым нэса нэужь, и гъащIэр къызэщIикъуэжу, гукъэкIыжхэм я лъахэм хэту мэхъу. КIэрашэ Михаил апхуэдэу «зэхуихьэсыжа» и гупсысэхэр урысыбзэкIэ тхауэ тхылъ къыдигъэкIыну иужь щихьэм, зыкъысхуигъазэри, и хъыбархэр адыгэбзэкIи зэрызигъэдзэкIауэ щытащ. Абы щыщ зы хъыбарщ зи гугъу фхуэтщIынур. КIэрашэм и тхыгъэхэм сфIэгъэщIэгъуэну селэжьат, гукъэкIыж къудейуэ щымыту, а зэманым цIыхум я псэукIэу щытар зыхуэдари абыхэм къахэщырти. АдэкIэ тхыгъэр къокIуэ.
30 июля, 2025 - 15:27
ЦIыхубэм и набдзэгубдзхаплъагъэр кърибгъэлъэгъуэну уасэ иIэкъым нэщэнэхэм. Зэман-зэманкIэрэ дунейм и къэхъукъащIэхэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэм, щIыуэпсым и къэхъугъэхэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм кIэлъыплъурэ, цIыху губзыгъэхэм гу зылъатахэращ абыхэм лъабжьэ яхуэхъур. ЗакъуэтIакъуэххэщ арэзы узытемыхъуэну абыхэм къахэкIри. Дахэвгъаплъэт абыхэм ящыщ зыбжанэм.
30 июля, 2025 - 14:00
НыбжьыщIэхэр хэкупсэу гъэсэным, абы хуэгъэпса Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах ди республикэм. А Iуэхухэм дапщэщи хэтщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэри. ЩIыпIэ хасэм и тхьэмадэщ нэхъыжьыфI, цIыху гумызагъэ икIи жэуаплыныгъэ зыхэлъ КъущхьэтIу Хьэутий.
Хьэутий 1939 гъэм и мэлыжьыхь мазэм Старэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэм хиубыдащ.
30 июля, 2025 - 13:44
ГуащIэдэкIым зэщIэкIуэ иIэкъым, жызыIа адыгэр псом япэ зэгупсысар, шэч хэмылъу, лъэужь дахэрэ Iэужь щхьэпэрэ къэзыгъэнам и фэеплъыр цIыхухэм IэщIэхуж зэрымыхъунырщ. Ди япэ итахэр тщымыгъупщэныр, я цIэр къиIуэныр ди хабзэм къищтэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм языхэзщ. ЦIыхуфIхэм я лэжьыгъэфIхэр щIэх-щIэхыурэ къыдоIэтыж, зи гугъу тщIым елъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIам дроплъэж. Языныкъуэхэр щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлэжьащ, нэгъуэщIхэри егъэджэныгъэм лъэрызехьэу хэтащ, ауэ къахэкIащ къэрал IэнатIэри къызыхуэтыншэу, акъылрэ зэпэшачэрэ хэлъу зезыхьахэри.
30 июля, 2025 - 12:33
Гъуэгу техьэ тенэркъым, жаIэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ цIыхур гъуэгу темыхьэми, къыпэплъэнкIэ хъуну лъэпощхьэпохэм егупсысын, зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэр зэригъэзэхуэн хуейщ. Унагъуэр гъуэгу тезышэр егупсысыпхъэщ абы и шынагъэншагъэр къызэрызэригъэпэщынум, нэщIэбжьэ къыхэмыкIыу щIежьа Iуэхухэр дахэкIэ кърахьэлIа зэрыхъунум. Нэхъыщхьэр зыхуей хуэзэмэ, гъуэгум гугъу уригъэхьыркъым, жаIэри, уздежьам унигъэсынущ, уи Iуэхухэри зэфIигъэкIынущ. Ауэ загъуэрэ къохъу а псор щызэпамышачи.
|