Кавказ зауэм и Iэужьу хэкур зрагъэбгына, хамэщI къыщыхута адыгэхэм я нэгу щIэкIар зыхуэдэр, хуэгъэфэщауэ тщIэ мыхъумэ, ипэжыпIэ дыдэр ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэну хьэлъэт. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, Тыркум зэрынэсу, асыхьэту зыкъагъазэу зыхэкIа мафIэм къыхыхьэжыну хьэзырт ахэр, апхуэдизкIэ хьэлъэт зыхэхуа гъащIэри. Дауи! Мыбдеж я хэку зэрыщIэбэныр ящIэу, дэнэкIэ ягъазэми - ягъуэт къуэгъэнапIэр я унэу щытамэ, мор хамэ щIыпIэт, цIыхухэри, бзэри, хабзэри мыцIыхут, къыхуагъэлъэгъуа псори пцIыт, пщIэи, нэмыси, цIэи, щхьэи щаIэжтэкъым.