Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэ адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспорттелъхьэхэр, шабзалъэхэр, ахъшалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь, псалъэ Iущхэмрэ псалъэжьхэмрэ адыгэбзэкIэ третхэ.