Календарь событий

04 августа 2025

ЗэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ зэрыхъум и щыхьэт

Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Ди адэжьхэм я джэ макъ» концертыр. 

Псэм бжьыгъэ къытумынэ

Мы тхыгъэм щызэхуэтхьэсащ зи псэм и къабзагъым елIалIэхэм папщIэ чэнджэщхэр. 
 Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и деж цIыху гуэр къэкIуащ, и гъусэу Iэпхъуэу, Алыхьталэм папщIэ гугъу зригъэхьын мурад иIэу. 
 - Уи адэр е уи анэр псэу? – къеупщIащ абы ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар. 
 - ТIури псэущ. 
 - Алыхьым и деж псапэ къыщыпхьыну ухуейуэ ара? 
 - Арат. 
 - НтIэ, уи адэ-анэм я деж гъэзэжи, абыхэм фIыуэ яхущыт, - жриIащ щIалэм Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. 
*   *   *

«ЖылакIэ»-м теухуауэ

Убыххэм я Хэкур зэрафIэкIуэдам теухуауэ 1974 гъэм къыдэкIауэ щыта «ЖылакIэ» тхыдэ романыр (Шинкубэ Бэгърат и IэдакъэщIэкIыр) нобэр къыздэсым тхылъ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу ар щхьэпэу къалъытэ хы ФIыцIэ Iуфэм зауэр зэрыщекIуэкIа щIыкIэр джынымкIэ. Лэжьыгъэр зэрытхам теухуауэ Iуэхугъуибл къыхагъэщхьэхукIри, ахэр мы тхыгъэм къыщытхьынщ.

Къум нэхъ ин дыдэхэр

Дуней псом къумым щеубыд процентитI. Ахэр зэщхьэщокI пшахъуалъэ, мывалъэ, ятIалъэ, шыгъулъэу. Къумхэм я нэхъ абрагъуэхэм я гугъу тщIынщ. 

Дунейр зэтезыIыгъэхэр

ЩIым къэкIыгъэу щыбагъуэм и процент пщIейр бжьэ лъэужьыфIэхэм я сэбэпщ. Уегупсысмэ, «пщIейр»… ар куэдыщэ мэхъу: «псорищ»! Гъэгъаищхьэу мелуанитIым щIигъур зы бжьаIуэ зэрыбыным зэбгрех, егъэбатэ.

Къэралым и тхыдэр щызэхуахьэс

КъБР-м щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм щIалэгъуалэр лIыхъужьхэм я лIыгъэм, хэкупсэу къэхъуным щыщIапIыкI. IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ илъэсипщI зэрырикъур ягъэлъэпIащ иджыблагъэ.

Республикэм и зыужьыныгъэм и щыхьэтхэр

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм и къудамэу КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм – накъыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 111,3-м нэсащ. 

Дызэрыгушхуэ щIалэ гурыхуэ

ХЬЭБЭЗ районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэжьым и цIэр зыгъэлъэпIахэм ящыщщ а къуажэм дэт курыт еджапIэм щIэс, Щамыр зи лIакъуэ хэку АЛАХЬМЭД Мунир. Зи ныбжьыр илъэс 17-м ит Мунир и адэр хьэрыпщ, и анэр адыгэ бзылъхугъэщ, Зеикъуэ къуажэм щыщ Джэлэшхэ япхъу Жаннэщ. 

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 4, блыщхьэ

Зи закъуэу псэу лэжьакIуэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ
1905 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Рогавэ Георгий.
1914 гъэм
къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил.
1966 гъэм
къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Цей Эдуард.