Календарь событий

06 августа 2025

Спорт хъыбархэр

ШыщхьэуIум и 1 - 3-хэм Алыджым и къалащхьэ Афины щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я бэнакIуэ лъэщхэр, я ныбжькIэ илъэс 17-м щIимыгъуауэ.

ПсэукIэр нэхъ тынш ящI

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэхэм я бжыгъэр 24-рэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр зыпэрытыр егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, спорт IэнатIэхэрщ.

Псэр зыгъэIэсэ, гур зыгъэкъабзэ

ВакIуэлI Iэзэм зэкIуу игъэбгъунлъа вагъэбдзумэхэр нэр здэплъэфым нэс зэщIэцIууэу губгъуэм щызэдэжэ хуэдэ, гупсысэ щIэщыгъуэхэр щызэкIэлъыхьащ Вындыжь Марие и усэ сатырхэм. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэм хуэмыусэми - псори Iэзагъ лъэщ хэлъу, зы гупсысэм адрейр къигъэщIу къызэрокI сатырхэр. Вындыжьым и творческэ гъуэгуанэм и гугъу къытхуещI егъэджакIуэ цIэрыIуэ Сэрахъэ Людмилэ. 

Узытемызашэ дахагъэ

Куэдым зэрызэхахащи, цIыхум здэкIуэмкIэ къеупщIрэ ар абы ибзыщIыну хуеймэ, ЕсэнтIыгу сокIуэ, жиIэу щытащ. ЕсэнтIыгу и щIыпIэхэм къыщыщIэж псынэпсхэр IэпкълъэпкъымкIэ хущхъуэгъуэ хъууэ, и хьэуам гупсэхугъуэ къыуитыжу, и щIыуэпсым зыуигъэгъэпсэхужу къалъытэрт.

ГугъэфIхэр уэзыгъэщI IэщIагъэлI

Республикэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм мымащIэу ущрохьэлIэ зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм. Апхуэдэ зыщ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и анестезиолог-реаниматолог Абыкъуэ Инал.

Лэжьыгъэм зрагъэужьын папщIэ

Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэ 67-м МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэм лъэIухэр хуагъэхьащ, я IэнатIэм зэрызрагъэужьыну ахъшэ къыIахыну. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 46-кIэ нэхъыбэщ ар.

ХьэрычэтыщIэхэр нэхъыбэу зыщIэлъэIуар миникредитхэр, егъэджэныгъэм, бизнесым зэрызрагъэужьын къратынырщ.

ЗэгурыIуэныгъэм лъабжьэ хуэхъуа дахагъэ

СССР-м, Швейцарием, Франджым зэгъусэу ягъэувауэ щыта «Тегеран-43» фильмыр дунейм къызэрытехьэрэ мы гъэм илъэс 45-рэ ирокъу. Ди къэралым и закъуэ абы цIыху мелуан 50-м щIигъу щеплъащ, ар къагъэлъэгъуэн хуитыныгъэр къэрал пщIы бжыгъэхэм ящэхуауэ щытащ, нобэми хуащI гулъытэр кIэрыхуакъым.

«Зэхэлъхьэн» жиIэу къокI…

Нобэ компьютерхэр къыщагъэсэбэп IуэхущIапIэхэми, унагъуэхэми. Иджырей гъащIэм ар къыхыхьэпауэ къалэн куэд зэфIегъэкIри, компьютер зыхэмыт дуней нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ауэ, иджыри илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, компьютер къэгупсысыным елэжьхэм я нэгуи къыщIагъэхьэртэкъым цIыхубэр абы хуэныкъуэнкIэ хъуну, къагъэсэбэпыну. ЦIыхубэр абы щыгъуэ ирикъурт калькуляторым.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 6,  бэрэжьей

♦Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ

♦Хиросимэ и дунейпсо махуэщ

♦«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ

♦1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.

♦1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).