Календарь событий

10 августа 2025

Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр зэIуощIэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу зауэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ хэ­кIуэдахэм шахматымкIэ я фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ СВО-м и ветеранхэмрэ зи узыншагъэм сэ­къат иIэхэмрэ. Ар къызэрагъэпэщащ ­республикэм и ветеран зэгухьэныгъэхэм я жэрдэмщIакIуэхэм.

Краснодардэсхэм я лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Гибискус и другие. Диалог» выставкэр. Абы хагъэ­хьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм хэтхэу Краснодар крайм щыщ художник зыбжанэм я лэжьыгъэхэр. 

Мэкъумэш IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щылажьэ «Фермерым и еджапIэ» егъэджэныгъэ пэхуэщIэм и программэмкIэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлI 30 мы гъэм ­хуагъэхьэзыращ. Псом нэхърэ нэхъ хьэлэмэту мыгъэрей къыщIэкIыгъуэм хэтыр, япэм къэмыхъуауэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеран 23-рэ абы зэрыхиубыдарщ.

Гугъуехьхэр куэдми, Хэку лъагъуныгъэр нэхъ лъэщт

ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, узэщIакIуэ, егъэджа­кIуэ, Сириеми Урысей Федерацэми я ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къумыкъу Мамдухь пщэдей къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ­ирокъу.