Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ Урысейпсо проектым мы махуэхэм лэжьэн щыщIедзэ ди къэралым и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерхэм. Ар жэрдэм ящIащ УФ-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ я министерствэхэм, «Бжыгъэр зи лъабжьэ экономикэ» зэгухьэныгъэм, Урысей Федерацэм хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ и IуэхущIапIэ лъэрызехьэхэр щIыгъуу.