|
|
Календарь событий
20 августа 2025
20 августа, 2025 - 14:23
КъыздикIар ямыщIэ, зыми имей хьэхэм, джэдухэм, абыхэм хуэдэ нэгъуэщIхэми гулъытэ яхуэщIын зэрыхуейр япэ дыдэу къэрал Iуэху щащIар 1992 гъэращ. Абы щыгъуэщ, Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу США-м щыIэм и жэрдэмкIэ, а махуэр дунейпсо махуэгъэпсым щыхагъэхьар.
Къыхуеджэныгъэр а къэралым щыдаIыгъащ лъакъуиплIкIэ зекIуэ псэущхьэхэм ядэIэпыкъуныр зи пщэрылъу къэзылъытэ цIыху псоми. Куэд дэмыкIыу а Iуэхум нэгъуэщI хэгъэгухэми зыщиужьащ.
20 августа, 2025 - 14:20
Джэду и къуэ дзыгъуащэщ - Кошкин сын – за мышами охотник. Щхьэж къэзылъхуам ещхь мэхъуж, жыхуиIэщ.
Джэд пасэрэ бын пасэрэ – Что ранние цыплята, что ранние дети. Псори игъуэм зэгъэпэщын хуейщ, хыумыгъэкIасэу, жыхуиIэщ.
Ди гъунэгъум сыкъыщышхи, ди унэ мышхэу сынэсыж - Да пообедаю я у нашего соседа, и да приду я домой голодным. Гъунэгъум и деж махуэхэр щегъакIуэри кIасэу и унэм къыщIохьэж, жыхуиIэщ.
20 августа, 2025 - 12:56
Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ фIэщыгъэхэм ящыщу зи гугъу тщIынур Iыхьищу зэхэтщ: «Псы – у (ы) – шъ (у) хъо».
20 августа, 2025 - 11:54
«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ урысейпсо XVI-нэ зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэр шыщхьэуIум и 9-м щыщIэдзауэ 23 пщIондэ Пятигорск и Комсомол губгъуэм щокIуэкI. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ «Росмолодежь. Форумы» IуэхущIапIэм, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу. Ар траухуащ Хэкур хъумэным и гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ. Иджыблагъэ абы щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и махуэшхуэр.
20 августа, 2025 - 11:52
Мы хъыбарыр адыгэ къуажэхэм пасэм яIа псэукIэм мащIэу ухэзыгъаплъэщ.
20 августа, 2025 - 11:50
Республикэм и щэнхабзэ гъащIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, абы и зыужьыныгъэм и зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа Вэрокъуэ Владимир гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ. Абы теухуауэ езым итхыжауэ щыта и гукъыкIыжхэм щыщ теплъэгъуэхэм фыщыдогъэгъуазэ.
«Гамзатов Расул жиIауэ щытащ: «Бгым дэтхэнэ уэрэдри къызэрыщыщIадзэр макъамэщ». Сэри си хъыбарыр си сабиигъуэмкIэ къезгъэжьэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди сабиигъуэрщ ди гъащIэм и макъамэ нэхъ дахэ дыдэр.
20 августа, 2025 - 11:46
Тхыдэтх, генерал-лейтенант, академик Дубровин Николай адыгэхэм яхужиIахэм щыщ:
20 августа, 2025 - 11:43
ШыщхьэуIум и 20, бэрэжьей
♦1919 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хьэкъун Исуф.
♦1921 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Ерчэн Казимэ.
♦1972 гъэм къалъхуащ хэхэс адыгэхэм я литературэр зыдж, ЩIДАА-м член-корреспондент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Чурей Дыжьын.
Дунейм и щытыкIэнур
|