|
|
Календарь событий
21 августа 2025
21 августа, 2025 - 17:33
Шэрджэс мамлюкхэм къахэкIауэ япэ сулътIан хъуар Бэркъукъу Анчокъущ. Ар зэрыадыгэм щыхьэт тохъуэ Италием щыщ дипломат Бертрандо де Мижнанелли (а тIур зыбжанэрэ зэрихьэлIауэ, зэнэIуасэу щытащ). Бэркъукъу Шэрджэсым зэрыщыщым щыгъуазэщ хьэрып тхыдэтх Тагрий БирдийкIэ зэджэри. Абы зэритхымкIэ, Бэркъукъу Анчокъу кашак адыгэщ, - итхыжащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
21 августа, 2025 - 17:11
Сэтэней нартхэр зэреджэр гуащэщ: Сэтэней гуащэ. Сэтэней гуащэ, гуащэхэм я лей - куэдрэ къыхохуэ нарт хъыбархэм. Сэтэней и пщIэр зэрылъагэм, абы пащI зэрыщымыIэм и щыхьэтщ ар. «Сэ нарт шу сыпащI», – жеIэ езы Сэтэней, нартхэм я пащхьэ щиIэ пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и напщIэм телъщ, абы ирогушхуэри. Нартхэм я лъэхъэнэми, иужькIи «гуащэ» псалъэм «пашэ» мыхьэнэ иIащ.
21 августа, 2025 - 15:05
Нобэ зи гугъу фхуэсщIынур республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу щыта, Налшык щIыхь зиIэ и цIыху, Хэку зауэшхуэм и ветеран Къудей Чэримщ. Куэд хуилэжьащ абы ди щIыналъэм, IэужьыфIхэри къытхуигъэнащ. Дапхуэдиз къулыкъу зэримыхьами, сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, и дэтхэнэ махуэри IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ Къудейм.
21 августа, 2025 - 14:03
Хэку зауэшхуэм цIыху щIэжым хэмыгъуэщэжын дыркъуэ къытринащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэм, щэхуми нахуэми, щIагъэкIа нэпсыр зымылъэгъуа куэд совет лъэхъэнэм зы къэралыгъуэ зэдиса лъэпкъыбэм яхэткъым. Адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я нэпсыр лъапIэщ, аращ абыхэм ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми щIэблэр хуэсакъыу щIыщытыр. Абыхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр, мывэ скъархэр, къуэшыкхъэхэр, кхъэлэгъунэхэр.
21 августа, 2025 - 12:26
«Пшынэ еуэну псори зыщыгугъар си шыпхъурат, абы и Iэпэхэр а Iэмэпсымэм хуэщIауэ къалъытэрт. АрщхьэкIэ ар къэзыщтар сэращ, - жеIэ бзылъхугъэм. - Пшынэм къиIукI макъым сызэрыдихьэхым гу лъызытар ди гъунэгъуу псэу цIыхубзрат, абы си адэ-анэм къажриIауэ щытащ а макъамэ Iэмэпсымэм щыхуагъасэ еджапIэм сратыну…»
21 августа, 2025 - 10:01
1644 гъэм и щIышылэм хуахь япэ къалмыкъ-къэбэрдей зауэзэрылIыр. Тхыдэджхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, ар нобэхэми нэгъэсауэ ямыджа блэкIам и напэкIуэцIщ. Нобэрей цIыхухэр нэхъ мамырщIэкъуу дыщыт пэтми, лъэпкъитIым я зэпыщIэныгъэхэр къызэрежьам уриплъэжынкIэ мы зауэ цIыкIум хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ехъумэ.
21 августа, 2025 - 10:01
ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу жылагъуэм щаIэт, щагъэлъапIэ, ягу къагъэкIыж гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ а IэщIагъэм нобэ ирилажьэ, ипэкIэ пэрыта дэтхэнэри. Ар захуагъэщ, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ цIыхум и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ ар гъащIэ гъуэгуанэм, щIэныгъэ лъагъуэм тезышэ и егъэджакIуэм. Къохъу уеблэмэ уи къэкIуэнур, къыхэпхыну IэщIагъэр абы щелъыта. Адэ-анэм нэмыщI егъэджакIуэращ ди школ ныбжьым къриубыдэу щапхъэ тхуэхъур, гъуазэу къэтлъытэр.
21 августа, 2025 - 08:12
ШыщхьэуIум и 21, махуэку
Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
Дунейм и щытыкIэнур
|