Календарь событий

23 августа 2025

Жэуаплыныгъэ ин я пщэ къыдохуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав яхуэзащ Урысей ­МВД-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэу  Кикотя В.Я. и цIэр зезыхьэ  Мэзкуу университетыр,  Волгоград, Новгород Ищхъэрэ ака­демиехэр,  Воронеж,  Краснодар университетхэр, абы и къудамэу Ставрополь щыIэр,  Ростов юридическэ институтыр къэзыуха цIыху 45-м. 
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэр къэ­зыухыу офицер цIэр зыфIаща лэжьакIуэщIэхэм къулы­къур щрахьэкI Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэм щыIэ МВД-м. 

ЛъэныкъуитIымкIи щызэблокI

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Iуащхьэмахуэ районым и администрацэм и унафэщI Отаров Мухътар.
 
Ахэр тепсэлъыхьащ Тыр­ныауз ятIэпс къызэрыщехам кърикIуахэр гъэзэкIуэжа зэрыхъум. НобэкIэ къалэм пхыкI ­гъуэгухэм мывэрэ ятIэу щы­зэтрихьар трагъэкъэбзыкIыжащ, къэнэжар ЩэнхабзэкIэ уардэунэм и пщIантIэращи,            ар нобэ-пщэдей зэфIэкIыну Iуэхущ. 

Ущыпсэуну тынш къалэхэр

Налшык, Май, Шэджэм щыпсэухэм я проектхэр Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIынымкIэ урысейпсо зэхьэзэ-хуэм зэрыщытекIуам щхьэкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэ­тащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЩIалэгъуалэм я хэщIапIэ лъэщ

«Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлI гупым, IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ илъэсищ зэрырикъум папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гуапэу ехъуэ­хъуащ. Абы и хъуэхъум щыжеIэ:

Хэкупсагъэр щытепщэу

Урысейм и Къэрал ныпым и махуэр республикэм и къалэ, щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Нарткъалэ дэт лицей №1-м и пщIантIэм Урысей ныпыр щаIэтащ ныбжьыщIэхэм я Iэгуауэшхуэм щIэту. ЗэIущIэм хэтащ лицейм щеджэхэмрэ щылажьэхэмрэ, Аруан район администрацэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м «Хэкум и хъумакIуэхэр» и фондым и IэщIагъэлIхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хьэщIэ лъапIэу кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр. 
Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, хэкупсагъэм, Хэкум и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ и тхыдэмрэ я нэщэнэ ныпыр къэрал Гимныр къеуэу яIэтащ лицейм нэхъыфIу щеджэ ныбжьыщIэхэм. 

Сымаджэхэм я сэбэп зыхэлъщ

Бахъсэн район сымаджэщым и поликлиникэ №-1-м зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIар зри­гъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек. IуэхущIапIэм къегъэ­щIылIа щIыналъэр зэIузэпэщ ящI мы зэманым.

ЕхъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзыунэтI дамыгъэ

Ныпыр цIыхухэм, лъэпкъхэм куэд щIауэ къадогъуэгурыкIуэ я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу, я къарур къызэщIигъэуIуэу. Ар ди гъусэщ Хэкум и махуэшхуэ­хэми ди ехъулIэныгъэхэр щы­дгъэлъапIэми.

Кхъухьлъатэ гъуэгуанэхэм заубгъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Тэтэрстан Республикэм и «ЮВТ АЭРО» авиакомпанием и генеральнэ директор Трубаев Петр.

Махуэшхуэхэми шынагъуэншагъэр зыщагъэгъупщэркъым

Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм щригъэкIуэкIащ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ, хабзэ хъуауэ, республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр, гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIадзэжыр гъэлъэпIэным теухуауэ фокIадэм ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэм.