КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ЦокIыл Азэмэт Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 20-м щитащ «От сердца к сердцу» концертыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, «Ресурсный центр развития волонтёрства» IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.