Календарь событий

25 августа 2025

ЕджапIэщIэр мыгувэу яутIыпщынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр щыIэ къэрал мардэхэм хуэгъэкIуэным, егъэджэныгъэм и пщалъэхэм тегъэувэным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу еджапIэхэр техникэщIэхэмкIэ, нэрылъагъу IэмэпсымэхэмкIэ, зэреджэн тхылъхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым и мызакъуэу, ахэр зыщIэс ухуэныгъэхэри къагъэщIэрэщIэж, щIэуэ къыгуащIыхь. Иужьрей илъэсым Налшык къалэм и «КъухьэпIэ» хьэблэм дэт курыт еджапIэ №12-м иращIылIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр иджыблагъэ кърахьэлIащ, ар мыгувэу зэраутIыпщыным хуэхьэзырщ

Псыхущхъуэ - Таучэшхэ я псынащхьэ

ЦIыхухэм я узыншагъэм сэбэп хуэхъу щIыпIэхэр Кавказ Ищхъэрэм и куэдщ. Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIэж псы хущхъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу Урысейм и адрей щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуащ. Мыбдежым псэм дыхьэ «тэхъуанэ» дахэхэмрэ цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъу пкъыгъуэхэмрэ щызэрихьэлIащ.

ЦIыхухэм я тыншыпIэрщ зытращIыхьыр

УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ «Къалэ цIыкIухэм зегъэужьынымрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылэхэмрэ» урысейпсо зэхуэс-зэхьэзэхуэр. Ар зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ икIи абы къыщыпсэлъащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.

Къурашэ Ритэ ягу къагъэкIыж

Аушыджэр къуажэм щыщ, илъэсипщI ипэкIэ дунейм ехыжа Къурашэ Ритэ ФIыцIэ и пхъур зыцIыхуу щытахэм ягу къинэжащ ар и Iэгу и Iэнэу, и ерыскъы IэфIхэр берычэту, чэнджэщ щхьэпэхэр яритурэ игъэгушхуэу, хьэл-щэныфIэу, цIыху щабэу зэрыщытар. Псом хуэмыдэу гуащэфIым и псалъэ гуапэхэмрэ Iущхэмрэ зыщымыгъупщэ и нысэ Раметэ и дежкIэ блэкIа илъэсипщIыр махуипщI пэлъытэщ, анэ палъэ хуэхъуа Ритэ къазэрыщхьэщымытыжыр апхуэдизкIэ зыхещIэри. Гуащэмрэ нысэмрэ яку дэлъа пщIэ-нэмысыр, унагъуэм и нэхъыжьхэм я лъагъуэм щIэблэр зэрырикIуэр щапхъэщ.

Бахъсэн къалэм и спорт ухуэныгъэщIэхэр

Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №11-м бэнэкIэ хуитымкIэ пэш Iэхуитлъэхуит мыгувэу къыщызэIуахынущ. Абы текIуэдэну ахъшэр къабгъэдэкIащ щIыпIэ администрацэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ. Пэшым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 200-м щIигъу иубыдынущ. ИджыпстукIэ абы и кIуэцIыр къращIыкIащ, плиткэхэр иралъхьащ, зыхуэныкъуэну спорт Iэмэпсымэхэмрэ обрудованэхэмрэ ирашалIэ. Апхуэдэуи пэшым щагъэуващ УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал ныпхэмрэ гербхэмрэ.

Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ заужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) хыхьэ и IуэхущIапIэхэм я куэдагъым къыхэхъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм шыщхьэIум и 10-м ирихьэлIэу абыхэм я бжыгъэр 22206-рэ хъуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,3-кIэ хуэкIуэу.

Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм ящыщу 5654-р юридическэ лицощ (проценти 101,9-кIэ хэхъуащ), 16552-р – уней IуэхущIапIэщ (проценти 109,2-кIэ).

Къуажэ хъыбархэм ящыщ

Къуажэ гъащIэр, къуажэ хъыбархэр гум йохуэбылIэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ сурэтыщI, IэпэIэсэ АБЫДЭ Iэсият и къуажэ хъыбархэр гум дохьэ. Абыхэм гукъэкIыжхэм ухашэж, нэщхъыфIэ уащI, гъащIэри дунейри фIыуэ уагъэлъагъу, фIым ухуэпабгъэ уащI. Iэсият и хъыбархэм ящыщ фыщыдогъэгъуазэ.

Гъуэт Синэ.

Дадэ и таурыхъхэр

Шым епха гурыIуэныгъэхэр

Интернетым и фIагъхэми щыщIэныгъэхэми зэпымыууэ дыдопсэлъыхь. Ауэ и фIагъхэм ящыщу къыщIэкIынщ адыгэм и IэщIагъэхэм, Iуэху зехьэкIэхэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуауэ уриплъэжыну асыхьэту тхылъ умыгъуэтмэ, абыхэм Интернетым узэрыхигъэплъэфынур. Апхуэдэ зы лэжьыгъэ зэхуэхьэсащ мы къэтхьыр.

ШыщIэбгъафэщIэс – илъэс ирикъухущ.

Нэбгъэф – илъэситI ирикъуху.

Къунан (хъур) – илъэсищым ит хакIуэщIэ.

Къунажын (бзыр) – илъэсищым ит шыбзыщIэ.

Лирик нэсым и лъэужь

ЗэфIэкI дэгъуэ къигъэлъагъуэу илъэс­ зыбжанэкIэ лъэпкъ литературэм хэлэжьыхьащ Гъубжокъуэ Лиуан. Езы усакIуэм и лэжьы­гъэм,­ абы и тхылъ щхьэхуэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд я Iэдакъэм къы­щIэ­кIащ ди адыгэ тхакIуэхэм ящыщ зыбжанэм. Апхуэдэхэщ Къагъырмэс Борис, Тхьэгъэзит Зубер, ЩоджэнцIы­кIу Iэдэм, Мысачэ Пётр, Бицу Анатолэ, Гъут Iэ­дэм, Сокъур Мусэрбий сы­мэ, нэгъуэщI­хэми я тхыгъэ купщIа­фIэ­хэр. Абы и творчествэм тхыгъэ щхьэхуэ триухуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ержыб Аслъэни.

Есениныр Кавказым зэрыщыIар

Есенин Сергей 1924 - 1925 гъэхэм Куржыр, Азербайджаныр, Армениер зригъэцIыхуащ, а лъэхъэнэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр и творчествэм и лъагапIэу къалъытэ.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 25,  блыщхьэ

♦Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ

♦1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэпщ Идар Темрыкъуэ и малъхъэ Иван IV Грознэр.

♦1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Семэн Жаннэ.

♦1966 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Къэзанш Людмилэ.