Календарь событий

26 августа 2025

Интернетым епха хабзэщIэхэр

Телефон зыIэщIэлъ дэтхэнэ зыри щыгъуазэщ абы узыхуейр къыщыбгъуэтын папщIэ, и IуплъапIэм ит къэлъыхъуапIэм псалъэ гуэр иптхэн зэрыхуейм. УФ-м и Къэрал Думэм а Iуэхугъуэм ухуэзыгъэсакъ хабзэщIэ бадзэуэгъуэм и кIэм къыхилъхьауэ щытащ: «экстремизмэм епха хъыбар интернетым къыщылъыхъуэн» - арат хабзэщIэм и проектым зэреджэр. УФ-м и Президент Путин Владимир бадзэуэгъуэм и 31-м абы Iэ щIидзакIэщ.  

И лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэт

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Хэку зауэшхуэм хэта Скориков Юрий (1924-1994) къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Памяти мастера» фIащауэ ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэси 100, Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум я щIыхькIэ.

ЗауэлIхэм я хахуагъэр

 «910-нэ лъагапIэ» фэеплъыр Бахъсэн районым мыхьэнэшхуэ зиIэ и щIыпIэщ. I942 гъэм и гъэмахуэм, Пятигорск (Псыхуабэ) къащта нэужь, зэрыпхъуакIуэхэр хэтащ Кавказ Ищхъэрэр адэкIи яубыдыну. 

Спортым и телъхьэщ ди щIэблэр

«Къэбэрдей-Балъкъэрым терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щымыгъэIэн» республикэ программэм ипкъ иткIэ, «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ теннисышхуэмкIэ зэхьэзэхуэ. Сабийхэм я стадионым  къыщызэрагъэпэща а зэпеуэм хэтащ республикэм СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэтыфыну сабий зэчиифIэхэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр. 
Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэпеуэхэм щытекIуащ Хутэ Самирэрэ Ясмин Аммаррэ, етIуанэ хъуахэщ Къул Сафинэрэ Уэлджыр Аделинэрэ, Къурашэхэ Айшэрэ  Алиярэ ещанэщ.

Джэдыкъуэ щызэхуос

«Ladies Endurance Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы спорт комплексым щекIуэкIащ шыхэмкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ цIыхубзхэм я зэхьэзэхуэрэ Абхъазым и къыщхьэщыжакIуэм и махуэм теухуа щIыналъэ зэпеуэрэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Ставрополь крайм, Мэзкуу къалэмрэ областымрэ, Санкт-Петербург къалэм, Абхъазым я шууей 44-рэ. 

Бахъсэндэсхэм я зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэ

Шэшэн республикэм и япэ Президент, УФ-м и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и фэеплъ зэхьэзэхуэ атлетикэ хьэлъэмкIэ Грознэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту абы щыIащ Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм и гъэсэн Щоджэн Ислъам икIи килограмм 89-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъ медаль къыщихьащ. БгъэдыхьэгъуитIым (рывокрэ жимрэ) къриубыдэу ди щIалэм къиIэтащ килограмм 285-рэ. 
Ислъам и тренерыр Хьэщпакъ Мусащ.

Гуащэмрэ нысэмрэ

Адыгэм иригъэкIуэкI дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри дауэдапщэри лъэпкъ хабзэ дахэм тету къызэрегъэпэщ. Сабийр дунейм къыщытехьам деж щрагъажьэри, абы епхауэ къыдах сыт хуэдэ Iуэхури Iэтауэ ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ хабзэ дахэрщ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар, и пщIэр зыIэтар. Нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэ, гуащэрэ-нысэрэ я зэбгъэдэтыкIэ, гуп хэтыкIэ… куэд мэхъу хабзэм къызэщIиубыдэр. Ахэр псори къыщызэщIэкъуэжащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым. Абы щыщ зы теплъэгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

Дамыгъэ пэжым и къарур

2025 гъэм шыщхьэуIум и 21- 23-хэм Къэрэшей-Шэрджэсым и «Архъыз» турист-рекреацэ комплексым щекIуэкIащ «Си хьэрычэт IэнатIэ» фIэщыгъэр зезыхьэ 4-нэ урысейпсо хьэрычэтыщIэ-инфраструктурэ зэхуэс. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм, «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хьэрычэт щIэн жэрдэмыр ядэIыгъын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрымрэ я лIыкIуэхэр.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 26, гъубж
Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
1908 гъэм
Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ.
1947 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Педагогикэ егъэджэныгъэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент Зэгъэщтокъуэ Хьисэ.
1952 гъэм къалъхуащ «Тетраграф» ООО-м и унафэщI, ДАХ-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Шакъ Елбэрд.

Адыгэ Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу адыгэ лъэпкъ цIыхубэ IэщIагъэхэр зыхъумэ цIыхухъухэм Хьэбэз къажэм зэхуэс щрагъэкIуэкIащ. 
Абыхэм къапежьащ Дыгъужь Барисбийрэ Хьэкъун Назиррэ. 
- Адыгэм и цIыхухъу IэпэIэсэхэр япэрейуэ мыпхуэдэу зэхыхьауэ аращ. Къуэш хэгъэгухэм къикIа ди щIалэ IэпщIэлъапщIэхэм ди гум къыбгъэдэкIыу дадогуфIэ икIи я жэрдэмыфIхэр ядыдоIыгъ. Мыр ди зэпыщIэныгъэм и къару лъэщу къэплъытэ хъунущ, - жиIащ Дыгъужь Барисбий.