|
|
Календарь событий
27 августа 2025
27 августа, 2025 - 19:15
КъэкIыгъэхэр
Дыкъэзыухъуреихь дунеишхуэм къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщокI, дызэрыбауэ хьэуам зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуу, цIыхухэр зыхуей витаминхэмкIэ бейуэ. Псалъэм папщIэ, хадэхэкIхэм ящыщу бжьыным дызыхуэныкъуэ витаминхэр куэду хэлъщ, узыфэ Iэджэми дыщахъумэу.
27 августа, 2025 - 18:23
ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щокIуэкI. Лъэпкъ проект щхьэхуэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэр щрагъэкIуэкI, ахэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщ.
27 августа, 2025 - 17:21
Алиев Алий и цIэр зэрихьэу Дагъыстэным и Каспийск къалэм дэт спорт уардэунэм япэу щекIуэкIащ бэнакIуэхэм я лигэм хэтхэм я зэхьэзэхуэ.
27 августа, 2025 - 16:56
УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и управленэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм тыгъэ хуищIащ археологие хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр.
27 августа, 2025 - 16:54
Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленность псынщIэм къыщIигъэкI продукцэм и куэдагъымкIэ Кавказ Ищхъэрэм япэ увыпIэр иужьрей илъэситIым щиIыгъщ.
27 августа, 2025 - 16:18
УФ-м ЩытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къулыкъущIапIэм зыбжанэ лъандэрэ егъэджэныгъэм жэрдэмхэр къыщыхилъхьэу, къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм я шынагъэншагъэмкIэ дерсхэр, зэIущIэхэр, зэхьэзэхуэхэр къызэригъэпэщу йокIуэкI.
27 августа, 2025 - 15:30
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №220-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м Налшык къалэ №102-ПП
27 августа, 2025 - 15:09
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м Налшык къалэ №100-ПП
27 августа, 2025 - 14:19
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм шыщхьэуIум и 18-м Налшык къалэ №131-ПП
27 августа, 2025 - 14:06
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Дэбагъуэ Роман Къэралбий и къуэм и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ.
27 августа, 2025 - 13:04
ЦIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэмрэ фэилъхьэгъуэхэмрэ къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лиани илъэси 10-м щIигъуауэ зи яужь итыр. А Iуэхум зэрыдихьэхам, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам, япэу къехъулIа лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми хъыджэбзыр къытхутепсэлъыхьащ.
27 августа, 2025 - 12:02
Къэралым и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэхэу, псалъэм папщIэ, хьэщIэщхэм, сату щIыпIэхэм, офис куэду зэхэт ухуэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми я IуэхущIапIэхэр дяпэкIэ электросетхэм прагъадзэ хъунущ абы щхьэкIэ тхылъымпIэм тет зэгурыIуэныгъэм Iэ щIамыдзу.
27 августа, 2025 - 10:53
ШыщхьэуIум и 27, бэрэжьей
Боксым и дунейпсо махуэщ
Урысей кином и махуэщ
1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин.
1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ щIыхь зиIэ я журналист Къантемыр Тыркубий.
1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Килбэ Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
|