Календарь событий

28 августа 2025

Хэхъуэ яIэу ягъэзащIэ

2025 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ бюджетыр ягъэзэщIащ, сом мелуан 52-кIэ щIрагъэгъуу. Апхуэдэу щыхъукIи, езым и хэхъуэр сом мелард 3I,5-м ноблагъэ, щыжаIащ иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэм. 

ЛыхэкIыу къалэжьым хохъуэ

Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщыхъуэхэм къалэжьащ былымылрэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 58,9-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 9,5-кIэ нэхъыбэщ ар.
Абыхэм я нэхъыбэр Прохладнэ щIыналъэм и Iэщыхъуэхэм къалъысащ – процент 21-р е тонн мин 12,8-р. Апхуэдэу щытми, а пIалъэм къриубыдэу а ерыскъыхэкI лIэужьыгъуэхэм я куэдагъым хэзыгъэхъуахэмкIэ Бахъсэн районыр япэ ищащ – процент 25-кIэ. 

ЕджакIуэ мелуан 26,5-м щIигъу

2025-2026 гъэ еджэгъуэм еджапIэхэр зэрыхуэхьэзырым теухуа зэIущIэ, видеоконференц жыпхъэм иту, иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий. Абы хэтащ Урысейм и хэгъэгу псоми я лIыкIуэхэр. 

ГъэшхэкIым егугъуу

Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм ерыскъыхэкIыу къыщIагъэкIам и куэдагъым хагъэхъуащ. 
ЖыпIэнурамэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ, шатащхьэу трахар проценти 10-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ проценти 4,4-кIэ, шэ зэфэр процент 24-кIэ, тхъуцIынэр процент 19-кIэ нэхъыбэщ. 
Абыхэм нэмыщI, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу крахмалу, Iусыпхъэу, псыIэфIу, спирту, фадэ лIэужьыгъуэ къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ хэхъуэхэр щыIэщ. 

ХамэщIым щыхуэмыхуакъым

Хамэ щIыналъэм и бэлыхь куэд игъэващ адыгэ щIалэ Къалэдахэ Iэдиб. Ар хэхэс зыщIар Истамбыл хуэзышэ гъуэгу нэшэкъашэм теува и адэрт. Кавказ зауэр щиух илъэсым Къалэдахэхэ я унагъуэр Тыркум и щыхьэрым нэсакIэт. Гугъуехъу абы ятелъа псор Iуэтэжыгъуейщ, ауэ ахэр ящхьэщыкIыу зыкъаужьа нэужь, Iэдиб и жанагъыр, и акъылыфIагъыр къалъытэри, къулыкъухэр зэкIэлъхьэужьу кърату щIадзэ. Абы теухуауэ «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» и тхылъым щитхыжащ журналист, публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 

Гъавэ бэвым и шэсыпIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм мы гъэм зыхуагъэувыжа пIалъэм тету щIыгъэпшэрхэр республикэм кърашалIэ. Дызэрыт илъэсым губгъуэ лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу ирагъэкIуэкIыфын папщIэ, ахэр зыхуэныкъуэну тонн мин 47,2-м щыщу тонн мин 36,5-м щIигъу нобэкIэ къащэхуащ е псори зэхэту кърашэлIэну яубзыхуам и процент 77-р. 

Нащэр яхуобагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм мы гъэм гектар 500-м щIигъу нащэм щыхухахащ. Нэгъабэрейм нэхърэ зымащIэкIэ ар нэхъыбэщ икIи мы махуэхэм гектар 355-м тонн мин 13-м нэблагъэ къытрахыжакIэщ. А лэжьыгъэхэр иджыри йокIуэкI.

ЛымкIи джэдыкIэмкIи

Республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм лырэ джэдкъазылу къыщалэжьым и куэдагъым (псэууэ шэчауэ) хагъахъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм къриубыдэу абыхэм яхузэфIэкIар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм зэрыщытам нэхърэ. Псори зэхэту тонн мин 24-м нэблагъэ къалэжьащ. 
КъБР-м и щIыналъэхэм ящыщу абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыфIхэщ Прохладнэ районым и Iэщыхъуэхэр (тонн мин 11,5-рэ). ЕтIуанэу къокIуэ Аруан районым и мэкъумэшыщIэхэр (тонн мини 4,4-рэ), ещанэр Шэджэм щIыналъэрщ (тонн мини 2,8-рэ). 

Ахульго - ящымыгъупщэжа напэкIуэцIхэр

 ШыщхьэуIум и 22-р дагъыстэнхэм я «накъыгъэм и 21-щ». Зыр адрейм и ужьым иту, машинэхэм Ахульго кIуэ гъуэгур яуфэбгъури, лъыкIэ ятхьэщIа а Iуащхьэм докIуей, къызытепщIыкIахэр хэтми къащIэжын папщIэ. 

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 28, махуэку
ХъуэпсапIэм и дунейпсо махуэщ
1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ ФизкультурэмкIэ областной совет.
1914 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.
1933 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир.
1954 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Ахьмэд.

Гуапагъэ зылэжьхэр

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ЦокIыл Азэмэт Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 20-м щитащ «От сердца к сердцу» концертыр. Зэхыхьэ гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, «Ресурсный центр развития волонтёрства» IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу. 

ЗэфIэкI зиIэ щIалэ

Уэрэд жыIэныр IэщIагъэ зыхуэхъуа Емызэгъ Руслан Алътуд къуажэм щыщщ. Курыт еджапIэмрэ Музыкэ школымрэ зэдэзыхьа щIалэм ахэр къыщиух илъэсым (2013 гъэм) «Щэнхабзэ» унэтIыныгъэмкIэ «Илъэсым и еджакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщат. 
И макъым япэ дыдэу Даур Иринэ иригъэдаIуэри, Руслан тегушхуэпащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр курсым щIэтIысхьэну. ИлъэситIым къриубыдэу и къэухьым хигъэхъуа нэужь, Емызэгъыр 2015 гъэм Бэгъуэтыж Светланэ и нэIэм щIэт курсым хэхуащ.