Календарь событий

01 сентября 2025

Дызэхъуапси щыIэщ

Адыгей къуэш республикэм анэдэлъхубзэм и къарур ямыгъэкIуэщIыным  зэрыщелIалIэ Iэмалхэм  уадэплъеину зыхуэфащэ щапхъэхэр щымащIэкъым.  ШыщхьэуIум и I-м абы щызэхэтащ  щIыналъэм и лIыщхьэм къедзауэ лажьэ,  Адыгэбзэр хъумэнымкIэ советым и зэIущIэ.

Адыгэ гъуазджэм лъэужьыфI къыхэзына

Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Дашу Хьэшыр и республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къыщацIыхуу щытащ ар. Балетмейстер Iэзэм, къэфакIуэ гъуэзэджэм Алыхьым къыхуиутIыпща гъащIэ мащIэм къриубыдэу хузэфIэкIащ ди адыгэ гъуазджэм лъэужьыфI къыхинэн.

Дыхэт дэ?

ГъащIэм, дунейпсо цивилизацэм сыт хуэдэ увыпIэ щытIыгъ? А упщIэхэрщ лъэпкъ гупсысэр зэпымыууэ зыузэдыр. Абыхэм я жэуапыр зэримыгъуэтыжу, езы лъэпкъри мэкIуэдыж, тхыдэ кIэншэм и лъагъуэ хогъуэщэж. ИкIи укъызэтенэн, ухэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ щыIэр зы Iэмалщ: - уи тхыдэр, уи анэдэлъхубзэр, уи щэнхабзэр, уи хабзэр, нэмысыр, уи къуэпсхэр, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, уахуэсакъыу пхъумэнырщ.

И хъуэпсапIэр зригъэхъулIащ

Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ ЛIыхъугу Аринэ. Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт школ №1-р дыщэ медалкIэ къиухащ пщащэм. Еджэным фIыуэ хэзэгъа хъыджэбзым сыт хуэдэ Iуэхугъуэми и зэфIэкI щигъэлъагъуэрт, республикэ, хэгъэгу зэпеуэ, конференцэ зэхуэмыдэхэм я утыку итащ, и къэухьым щыхьэт техъуэ фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр мымащIэу къыхуагъэфэщащ. ЕджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ КъБКЪУ-м и медицинэ факультетым.

Налшык и махуэщ

Ухуэныгъэ инхэр щокIуэкI

Къалащхьэм игъуэт социально-экономикэ зыужьыныгъэр иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъущ. Промышленностым, ухуэныгъэм, сату, транспорт IэнатIэхэм къыщалэжь мылъкум хэпщIыкIыу хэхъуащ. Хуабжьу заубгъуащ сотовэ связым и IэнатIэхэм, цIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш ящIу.

ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭЩIЭХЭР ЗЫIЭРЫВГЪЭХЬЭНУ!

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIэныгъэхэм я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Республикэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьахэр

Ди республикэр нобэ хуэдэу щIэращIэу, ефIакIуэу псэун папщIэ, зи гуащIэм щымысхьа, зи псэ емыблэжа цIыху щэджащэ куэдым я цIэр къыхэнащ абы и тхыдэм. Апхуэдэхэм ящыщу нобэ дигу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ иджыри зи цIэм Iулыдж иIэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр. Абы и зэманращ республикэм хэпщIыкIыу зыщиужьар, къалэм дэт ухуэныгъэшхуэхэр щIын щыщIадзар. Политик лъэрызехьэу, къызэгъэпэщакIуэ нэсу, къэралым хузэфIэкI хуищIэу псэуа лIым зэрыадыгэмрэ адыгагъэм пщIэ зэрыхуищIымрэ зэи игъэгъуащакъым.

НОБЭ

ФокIадэм и 1, блыщхьэ

ЩIэныгъэхэм я махуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ.

 Дзэ щIыхьым и къалэ, КъБР-м и щыхьэр Налшык и махуэщ.

1569 гъэм урыс пащтыхь Иван IV и щхьэгъусэ, Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ.

1674 гъэм адыгэпщ Муцал и къуэ Къасболэт и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ.