Календарь событий

02 сентября 2025

ЕхъулIэныгъэхэм, цIэ лъапIэхэм, къызэрыхэбелджылыкI дамыгъэхэм ятеухуауэ

(Эссе)

Жылагъуэм къыщекIуэкI Iуэхухэм теухуауэ дэтхэнэ зы цIыхуми езым и еплъыкIэ иIэжщ. Илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ IэнатIэм пэрыта, абы ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэр, хабзэ хъуауэ, щIыхьыцIэхэмкIэ, дамыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэпажэ. А Iуэхур зэрекIуэкIым теухуа и гупсысэхэр къигъэлъэгъуащ тхакIуэ Хьэту Пётр.

Картографиемрэ геодезиемрэ

Псыхэм, мэзхэм, губгъуэхэм, бгыхэм, къуэладжэхэм, нэгъуэщIхэми инагъ-цIыкIуагъкIэ я зэхэлъыкIэр, ЩIы Хъурейм и гравитацие губгъуэр, нэгъуэщIу жытIэмэ, и зыщIэзышэ къарум и къэухьыр, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къызэрыщыкIуэмрэ ахэр псори картэрэ плану тхылъымпIэм зэрытрагъэзагъэмрэ ехьэлIа щIэныгъэхэм ящыщщ геодезиемрэ картографиемрэ.

Тхыдэм и дерсхэр

Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъу-зехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр. 

Псыр ирикъуу яIэнущ

Бахъсэн щIыналъэм щаухуэ псы къыщIэшыпIэщIэ щыухуэным, псыр жылэхэм ялъэзыгъэIэс бжьамийхэр укъуэдииным республикэр яужь ихьэн хузэфIэкIауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президент Путин Владимир 2019 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIауэ зэпсэлъа нэужь. Псори зэхэту абы километр 79-рэ и кIыхьагъщ.

Мазэ лъапIэр зыIэщIэдгъэкIыркъым

ШыщхьэуIум и 24-м къихьа Мулид мазэр фокIадэм и 22 пщIондэ екIуэкIынущ. Ар Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ «рабиалл-Iэууэл» жыхуаIэ «япэрей гъатхэрщ». 

Хьэршым ихьахэр

1961 гъэм, мэлыжьыхьым и 12-м Гагарин Юрий хьэршым ихьащ, дакъикъэ 108-кIи итащ. Ар хьэршым щагъэува япэ рекордт. Зэман дэкIри, абы епха рекордхэм я бжыгъэми хэхъуащ. 

НОБЭ

ФокIадэм и 2, гъубж

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ
1943 гъэм
Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ерчэн Исуф.
1983 гъэм
къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, дунейпсо чемпионатым жэз, Европэпсо зэпеуэм дыжьын медалхэр къыщызыхьа Къардэн Рагнеттэ.