Календарь событий

03 сентября 2025

ЕтIанэгъэ ядэжынукъым

Хъыбар кIэщIхэр

Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм фэтэр куэду зэхэт унэу 17 яIэтащ, унагъуэхэм псэупIэу – 2113-рэ. Псори зэхэту фэтэрыщIэу 2673-рэ яухуащ, метр зэбгъузэнатIэ мин 314,2-рэ хъууэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10,4-кIэ ар нэхъыбэщ.

Зи хэхъуэр нэхъыбэхэр

Нартсанэ - Къэбэрдей шытх

Дызэрыщыгъуазэщи, Ставрополь крайм хыхьэ Кисловодск къалэм адыгэхэр ноби НартсанэкIэ йоджэ.

Адыгэ цIыкIухэм я тхылъ!

«Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм иригъэкIуэкIащ я гъэсэнхэм папщIэ къыдагъэкIа «Адыгэбзэ» тхылъым теухуа пшыхь. Тхылъым фыхэзгъэгъуэзэныр езгъэжьэнут абы пэублэ хуащIа хъыбар цIыкIумкIэ, сабий гъэсапIэм и дунейр зэрытелъыджэр къэзыгъэлъагъуэмкIэ:

Шаляпиным Налшык къызэрыщыхъуар

Тхылъ тедзакIуэ, зэхуэхьэсакIуэ Котляров Виктор игу къегъэкIыж уэрэджыIакIуэ цIэрыуэ Шаляпин Фёдор Налшык къэкIуауэ зэрыщытар.

ЛIэщIыгъуэ блэкIам урыс уэрэджыIакIуэ щэджащэ Шаляпин Федор гъэ къэс Минвод зыщигъэпсэхуу щытащ, 1917 гъэм ар Нартсанэ къэкIуат, шыщхьэуIум Налшык кърагъэблэгъащ.

ХьэщIэм фIыгъуэ къыдокIуэ

Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зыхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.

А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.

ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.

Хы ФIыцIэм и гуауэ

Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ мин 15-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къы­щIэ­кIы­нукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ. Лъэп­къым лъап­сэрыхыр къыхуи­гъэ­кIуащ а зауэм. Къелам и нэ­хъы­ба­пIэр хэкум ирахуащ. Ар зы­фIэ­захуэ ущри­хьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамы­ху­лIа­тэмэ, я щхьэр щIрамыг­ъэхьа­тэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуа­мы­хуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ира­гуэурэ хым зыпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым.

НОБЭ

ФокIадэм и 3, бэрэжьей

♦Терроризмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Беслъэн къалэм къыщыхъуа терактым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ адыгэпщ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текIуащ.

♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта Дохъушокъуэ Мусэ.

♦1934 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Гугъуэт Лол.