|
|
Календарь событий
04 сентября 2025
4 сентября, 2025 - 17:00
Астрономхэм ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу уахэ жыжьэм загъуэ-загъуэкIэрэ къыщахутэ уафэщIхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Апхуэдэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр «экзопланетэщ» («экзо» псалъэр пасэрей алыджыбзэм къытехъукIащ, кърагъэкIри «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэрщ).
4 сентября, 2025 - 15:00
ЗыплъыхьакIуэ е зыгъэпсэхуакIуэ гъуэгу техьа цIыхум здэкIуэ щIыпIэхэм IуэхугъуитI къыщилъыхъуэ хабзэщ: псэ тыншыгъуэрэ къабзагъэрэ. Шэч зыхэмылъыр аращи, цIыхум и нэгу зыщригъэужьыну щIыпIэхэр нэм фIэмыдахэмэ, псэм къимыщтэмэ, нитIым ялъагъумкIэ гум зигъэнщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Къуршхэр лъагэми, бгылъэхэр задэми, мэзылъэхэр Iувми, къабзагъэ ядумылъагъумэ, узыIэпашэркъым, удахьэхыркъым. Хэти къыдалъхуа щэну щытын хуейт, къабзэу къигъэщIар къабзэу хъумэныр, ар здэщыIа щIыпIэхэм иужькIи цIыху къызэрихьэнур щымыгъупщэныр, зым адрейм пщIэ хуищIыныр. ЦIыхур езыр-езыру зыхуэмысакъыжмэ, сыт хуэдиз щIэныгъи ет, гукъэкIым я нэхъ дахэри жыжьэ нэсынукъым.
4 сентября, 2025 - 14:42
ЩIыналъэм и тхыдэм я цIэр IуэхуфIхэмкIэ къыхэнащ ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэ куэдым. Абыхэм яхэтщ республикэм щыщу япэу медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуа, профессор, щIэныгъэлI лъэрызехьэу, егъэджакIуэ телъыджэу, Iэзагъышхуэ зыхэлъ дохутыру щыта Балъкъэр Мыхьэмэт. Зэманыр кIуами, а цIыху щэджащэм и лъэужьыр хэгъуэщакъым. Абы и лъагъуэм къыпащащ и гъэсэнхэм, къызэринэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр медицинэм и хъугъуэфIыгъуэ мылъытэщ. ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм, псом хуэмыдэу республикэм и курортым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Балъкъэрым.
4 сентября, 2025 - 13:00
Бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ, журналист Iэзэ, цIыху щабэ Жэман Мадинэ и нэтын гъэщIэгъуэнхэмкIэ телевизореплъхэм ягу дыхьа цIыхубзщ. Жэман Мадинэ и лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьым и закъуэкъым фIагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр, атIэ благъэхэми Iыхьлыхэми фIыуэ къалъагъуу, зыхэт гупми пщIэ къыхуащIу, зызрипщыт псоми хэзагъэу апхуэдэщ.
4 сентября, 2025 - 12:00
ЩIалэгъуэ лъэхъэнэ дахэр, къызэрымыкIуэр щызу, купщIафIэу езыхьэкIхэм, абы къит IэмалыфIхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ нэсу гъащIэм къыщызыгъэсэбэпхэм ящыщ адыгэ щIалэщ Къущхьэ Борис. ЗэфIэкI инхэр къызыкъуэзых щIалэщIэм и мурадхэр Iуащхьэмахуэ хуэдэу лъагэщ, и гуращэхэр абы къыщIэж псынэпсым хуэдэу къабзэщ.
4 сентября, 2025 - 11:00
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музейуэ Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм щагъэлъэгъуащ.
4 сентября, 2025 - 10:00
«Шэрджэс» фIэщыгъэм щIэту, Европэм къыщыдагъэкIыу щыта хьэпшыпхэр куэд дыдэ зэрыхъур щIэщыгъуэу къеIуэтэж ди лъэIукIэ Iуэхум нэхъ куууэ зыхэзыгъэгъуэза, «Инджылыз академие» школ гупым и къудамэу Налшык дэтым и унафэщIхэм ящыщ, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Къардэн Линэ.
4 сентября, 2025 - 09:25
ЩIы Iыхьэр зы лIэужьыгъуэм хагъэкIыу нэгъуэщIым ягъэкIуэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Налшык къалэ №132-ПП
4 сентября, 2025 - 09:00
ФокIадэм и 4, махуэку
♦Тхэквондом и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и ядернэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэщIагъэлIым и махуэщ
♦1922 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта шэрджэс еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Нэпсо Долэт.
♦1967 гъэм къалъхуащ журналист, публицист, тхакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Чэрим Марианнэ.
|