Календарь событий

06 сентября 2025

Депутатхэм куэд къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар къы­щы­зэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ теп­сэ­лъыхьащ зэман гъунэгъум къалэн нэхъыщхьэу къапэщытхэм. 

Зы «дамэм» ущIэту нэхъыбэ зэбгъэхъулIэфынущ

ФокIадэм и 4-м Налшык къалэм, ЩIалэгъуалэм я унэм, зэ­хыхьэшхуэ щекIуэкIащ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хьэрычэтыщIэхэр хэту. 

ЦIыкIухэр ягъэгуфIащ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъыбарыбэ напэкIуэцIым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Херсон областым хыхьэ Голопристанскэ, Скадовскэ щIыналъэхэм щыпсэу сабийхэм зэрызащIигъэкъуам. 

ТекIуэныгъэм и ныпыр зэIэпах

Налшык и Дэшхуей хадэм фокIадэм и 5-м щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхум щыщ Iыхьэ. Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм (1941 - 1945) ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. 

Хэкупсэ зэхэщIыкIым и джэлэс

Терроризмэмрэ щIапхъаджэгъэхэм япэ­щIэтынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм, фокIадэм и 3-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ­хэм ижькIэрэ къадекIуэкI, псэкупсэ мы­хьэнэ зиIэ хабзэ-бзыпхъэхэмрэ щэнхабзэ-тхыдэ и лъэныкъуэкIэ я щIэин дахэмрэ экстремизмэм пэщIэтынымкIэ IэмалыфIу зэрыщытым. 
 
Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м и Жы­лагъуэ палатэм районхэм щиIэ и къудамэхэм хэтхэр, властым и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ жыла-гъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я унафэщIхэр. 

ПсэукIэ тынш къызэрагъэпэщ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIащ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэ. Абы видеоконференц IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.