|
|
Календарь событий
07 сентября 2025
7 сентября, 2025 - 12:43
Дызэрыт илъэсым и гъэмахуэ мазищым къриубыдэу «Iуащхьэмахуэ» курортым щыIащ цIыху мин 225-м щIигъу. Мы гъэм лэжьэн щIэзыдза, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и «Мамисон» курортым а пIалъэм ирихьэлIэу турист мин 19-м зыщагъэпсэхуащ, къитащ иджыблагъэ Кавказ.РФ-м и пресс-IуэхущIапIэм.
7 сентября, 2025 - 12:26
Шейм и хэкуу къалъытэ Китайр. Абы и пащтыхьу щыта Нуну Шень япэу игъэвауэ щытащ шей. Ар къыщыхъуар ди эрэм ипэкIэ 2700 гъэрщ. Пащтыхьым псы къигъэвэну мафIэм тригъэувэри, абы зэрымыщIэкIэ хэлъэлъащ жыгым къыпыщэща тхьэмпэхэр. Ар пащтыхьым гъэщIэгъуэн щыхъуащ икIи тхьэмпэхэм псыр къыщIигъэвыкIащ. Ефэри хуабжьу гурыхь щыхъуащ. А Iуэхум и ужькIэ, Китайм зыщрагъэсащ шей удз ягъэкIыу, ар къагъэсэбэпу.
7 сентября, 2025 - 10:41
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейр, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэр, къызэрызэIуахрэ мы гъэм илъэс 65-рэ, урысей, къухьэпIэ, къуэкIыпIэ къэралхэм я гъуазджэ хьэпшыпхэр абы зэрыщахъумэрэ илъэси 100 ирокъу.
7 сентября, 2025 - 10:01
Лъэпкъ зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм (ООН-м) и унафэкIэ ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэр ягъэуващ 1966 гъэм фокIадэм и 8-м. А махуэм Тегеран къыщызэIуахауэ щытащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрхэм я дунейпсо зэхуэсышхуэ. ЩIы хъурейм и къэрал куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а конференцым щытепсэлъыхьат цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, къеджэкIэ, тхэкIэ, бжэкIэ ящIэу щIэблэр къэгъэтэджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
|