Календарь событий

08 сентября 2025

Гуапагъэм и мелыIыч

ПсапащIэ цIэрыIуэ Терезэ анэр къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирикъуащ.

Сурэт техыныр тынш щхьэкIэ…

Ди зэманым сурэт тепхыну тынш дыдэщ. Сурэттех лIэужьыгъуэ куэд зэрыщыIэм нэмыщI, дызэрыпсалъэ жып телефонхэм хегъэубыдащ сурэт зэрытрах Iэмалыр. ЩIыуэпсым и щIыпIэ телъыджэ гуэрым укъыщыхутарэ, къытебгъазэурэ абыхэм уIуплъэну ухуеймэ, сурэтыр уи телефоным куэдрэ тетынущ. Ауэ щыхъукIи, сурэт тепхыну тыншу щытакъым пасэм. Нобэрей сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм дахуэкIуэным  япэ къитщ тхыди, щIэныгъи, ар зи фIыщIэ цIыхухэм я цIэхэри. Илъэс 200-м щIигъу ипэкIэ сурэт щхъуэкIэплъыкIэу тепх хъууэ щытакъым. Дунейр зэрыщхъуэкIэплъыкIэр, зэрызэмыфэгъур къэзыгъэлъэгъуэфыр сурэтыщIхэм я закъуэт. 

Гугъуехь куэдым пхыкIат

Кхъуэхъужь Адэлджэрий Сосрыкъуэ и къуэр I9I8 гъэм Алъхъо (иджы Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуащ. Тырныауз къалэм дэта рудникым щылэжьэну ар кIуат, ауэ I94I гъэм и бадзэуэгъуэм сэлэт шинелыр щитIэгъэн хуей хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Электрокъару (лъэщагъхэр) къэзыгъэсэбэпхэу электрокъарууэ хуаутIыпщыр зэрагъэмащIэм экономикэ, экологие е псэуныгъэ я лъэныкъуэкIэ Iэужьхэр кърикIуэнкIэ  хъунухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и I8-м къыдигъэкIа  унафэ №98-РГ-мкIэ ягъэувахэм и 19-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн «дзэ часть 744I5-м и  хэщIапIэ, КъБР, Налшык къалэ, Абыдэм и уэрам, I5-нэ унэ» псалъэхэр «хэщIапIэ, КъБР, Налшык къалэ, Абыдэ и уэрам, I5-нэ унэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Пагэр мэгыз

Муслъымэн щэнхабзэм къыхэлыдыкI цIэхэм язщ Бистамий Iэбу Язид е Баязид цIэмкIэ тхыдэм къыхэна лIы махуэр. 
 «Лэкъумэн» сурэм щеджа махуэм Баязид щIалэ цIыкIур и дерсхэм имыхабзэу пасэу къикIыжат. 
 - Нобэ сыту упасэ? – щIэупщIащ и анэр. 
 - Сызэджа Iэятым Алыхьми уэри сынывэдэIуэн хуейуэ жеIэ. Е сыутIыпщи, си зэманыр зэрыщыту Алыхьталэм сыхуэпщылIыным тезгъэкIуэдэнщ, е уэ узыхуей псори пхуэсщIэу сыпсэунщ. 
 - Сэ укъызэмыгупсысу, Алыхьым хуэлажьэ, си къуэ цIыкIу, - къыжриIащ и анэм. 

Ику итым нэхъри нэхъ мащIэщ

Урысей Федерацэм и цIыхухэм ику иту къахь улахуэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ. ЖыпIэнурамэ, илъэс пIалъэм къриубыдэу процент I4,5-кIэ абы хэхъуащ икIи 2025 гъэм и япэ мазихым ар сом мин 96,22-м нызэрыхьэсащ.
 Къыхэгъэщыпхъэщ, дызэрыт илъэсым и 2-нэ мазищым къриубыдэу ику иту ят улахуэхэр сом мини I00-м зэрынэсар. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар сом мин I3,53-кIэ нэхъыбэщ е процент I4,9-кIэ хэхъуащ. 2025 гъэм и япэ мазищми абы хэхъуащ сом мини 7,7-кIэ е проценти 8,36-кIэ. 

НОБЭ

ФокIадэм и 8, блыщхьэ
ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ
Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
Финансистым и махуэщ 
1958 гъэм
къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Къандэхъу Мухьэмэд.
1962 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ КIэдыкIуей Аслъэн.
Дунейм и щытыкIэнур
«Рogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм

Дызэрыбауэ хьэуар

Хьэуам и къэбзагъэм елъытащ ди узыншагъэр зыхуэдэнур! Ар зэгъэзэхуауэ къызэрыдмыгъэсэбэпым, щысхьыншэу лъышэ (кислород), азот, газ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхэтхым, зэрыдуцIэпIым нэхъ мащIэ ещI ди ЩIы Хъурейм и «мэIу» озонри. Ар щымыIатэмэ, гъащIи щымыIэну зылъытэр нэхъыбэщ, апхуэдэу зымыбжи щыIэщ… 

ЛIыгъэмрэ псэ хьэлэлымрэ я щапхъэ

Шурдым КIэмац ПIатI и къуэр къызэрыгуэкI цIыхут, зэ IуплъэгъуэкIэ, ауэ Зеикъуэ къуажэ дэсхэм а цIыху хьэлэлыр нобэр къыздэсым гуапэу ягу къагъэкIыж, и хъыбархэр щIэблэм хуаIуэтэжу къокIуэкI. 

Республикэм и экспорт зэфIэкIхэр къалъытэ

«Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэмрэ экспортымкIэ ЩIыналъэ мардэхэр КИФЩI-м щыхэпщэнымрэ теухуа зэIущIэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и министерствэхэм, УФ-м Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я гъэзэащIакIуэ властым, Урысей экспорт центрым (РЭЦ), щIыналъэхэм экспортыр дэIыгъынымкIэ я центрхэм я лIыкIуэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ. 

ГъэунэхупIэ

«Адыгэ псалъэ» псалъэ газетым ныбжьэгъуфI куэд иIащ икIи иIэщ. Ди щIэджыкIакIуэхэм яхэтщ цIыху зэчиифIэхэр, усэхэр, рассказхэр, романхэр зытххэр. Абыхэм я IэдакъэщIэкI щIэщыгъуэхэм ди газетыр нэхъ бей ящI, цIыхухэм я акъылым и жанагъым хагъахъуэ, я гукъыдэжыр къаIэт. Илъэс куэдкIэ дэ тхыгъэ щхьэпэхэмрэ рассказ гъэщIэгъуэнхэмрэ къытхуитхыу диIащ Нэхущ Хьэжпагуэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыщ «ГъэунэхупIэр».