|
|
Календарь событий
09 сентября 2025
9 сентября, 2025 - 15:44
Мэзыр жыг зырызу зэрызэхэтым ещхьыркъабзэу, жылагъуэри цIыху зырызу зэхэтщ икIи абы къыхокI зи зыщIыкIэкIи, дуней тетыкIэкIи, Iуэху еплъыкIэхэмкIи телъыджэхэр. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур апхуэдэ телъыджэхэм я телъыджэжщ. Фэ ар вгъэщIэгъуэнщ.
КъыщыщIэддзэнщ ди тхыгъэр зытедухуа Морозов Николай нэчыхьыншэу дунейм къызэрытехьам. И адэ дыдэ лIакъуэлIэш Щепочкин Павел псэухукIэ фIыуэ илъэгъуащ пщылIыпIэм ит унагъуэм къыхэкIа Аннэ, бынибли зэхуагъуэтащ. ПщылIыгъэр щхьэщихащ, ауэ фызу ишакъым. Япэ ита Николай I854 гъэм къалъхуащ. Ар и анэм и унэцIэмкIэ ятхащ.
9 сентября, 2025 - 15:00
Адыгэ лъэпкъым и япэ цIыхубз усакIуэу къалъытэ Балъкъэр Фоусэт. И усэ тхылъхэр Налшыки Москваи къыщыдэкIащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. И усэ куэдым макъамэ щIагъэувэурэ, а уэрэдхэр цIыхубэм зэдапхъуэтащ. Ди зэманми ахэр адыгэ уэрэдхэм я фIыпIэхэм ящыщщ.
9 сентября, 2025 - 14:00
КъБР-м, КъШР-м, АР-м къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм я редакцэхэр щызэхуэзащ Черкесск къалэм пэмыжыжьэу Бэвыкъуэ жылэм дэт зыгъэпсэхупIэ щIыпIэ дахэм. Лъэпкъ журналистикэм зи гъащIэр тезухуауэ республикищым щылажьэ цIыху зэчиифIэхэр зэрыцIыхунумэ, зэдэлэжьэнумэ, зэпсэлъылIэнумэ, къызыхуэт щымыIэу «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ къызэригъэпэща зэхуэсым и лэжьыгъэ Iыхьэри, абы къыпыта зэш-зэхэсри хуабжьу гукъинэжу, щхьэпэу екIуэкIащ.
9 сентября, 2025 - 13:00
ГъащIэ, цIыху ныбжь, хьэл-щэн, зэхущытыкIэ! Мыпхуэдэ гупсысэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр ди тхакIуэ нэхъыжьхэм я куэдщ. Щапхъэ къахыбох абыхэм. КЪАГЪЫРМЭС Борис «ПщIэжрэ» зыфIища рассказыр цIыхубэ гъащIэм пэгъунэгъу дыдэщ, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэ къыхощ, гъащIэм и мыхьэнэм урегъэгупсыс, цIыху ныбжьым елъытыжа Iуэхугъуэхэми укIэлъегъэплъ. А рассказымкIэ дывдогуашэ.
ГЪУЭТ Синэ.
ПщIэжрэ?
9 сентября, 2025 - 12:26
«ЩэкIуэнымрэ къащэкIу къулеигъэхэр хъумэнымрэ икIи Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №209-ФЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIам и 24-нэ, 33-нэ, статьяхэм, Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэр зыгъэув тхылъхэр зэрагъэхьэзыр къызэращтэ ЩIыкIэм икIи абы итхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа псэущхьэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэ ЩIыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ» 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №98I-м япкъ иткIэ икIи Урысей Федерацэм ЩIыуэп
9 сентября, 2025 - 12:00
Лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ ди нэгум къыщIэзыгъэувэ тхыдэджхэм я тхэкIэм елъытащ цIыхубэр и Хэкум зэрыхущытыр.
Ар нэхъ лейуэ наIуэ хъуащ телефоныр тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ я пIэ зэриувэрэ.
9 сентября, 2025 - 11:00
Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIа нэужь сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр. Нобэ фармацием ицIыху хущхъуэгъуэ мин бжыгъэхэр, дауи, пэсэрейхэм яцIыхуакъым, ауэ узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэм щыгъуазэт.
9 сентября, 2025 - 09:00
ФокIадэм и 9, гъубж
♦Дахагъэм и дунейпсо махуэщ
♦1882 гъэм къалъхуащ адыгэ джэгуакIуэ Щхьэлахъуэ Алий.
♦1942 гъэм къалъхуащ шапсыгъ сурэтыщI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник Хьэпышт Хьисэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Мысрокъуэ Мухьэмэд.
♦1969 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI Гъуэгунокъуэ Мурат.
|