|
|
Календарь событий
01 октября 2025
1 октября, 2025 - 12:30
Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я бэнакIуи 150-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъууэ.
1 октября, 2025 - 12:00
Тэмэму зэхэзымыххэр зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо комитетым къыбгъэдэкIыу УФ-м Сурдлимп джэгухэмкIэ и комитетым фокIадэм и I7-м хъыбар гуапэ къыIэрыхьащ - Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и спортсменхэр Японием и къалащхьэ Токио мы гъэм щекIуэкIыну джэгухэм ирагъэблагъэ. Ди тхэквондистхэр абы хэтынущ зыщыщ къэралыр къэмыгъэлъэгъуауэ.
1 октября, 2025 - 11:27
«Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алийщ. Абы къитхыжхэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынури.
Джэдыкъу – шылэджэд хуэдэхэр къызэраубыд.
Джэдынэ – 1) гуэрэф лIэужьыгъуэ (фолликулит), 2) хэутха хъурей цIыкIу зыхэлъ щэкI.
Джэлэс – 1) щхьэлым и щхьэм щыкIэрахъуэ мывэм и нэр зыфIэс пкъо, 2) щхьэIуо щащIкIэ, хьэмым и кум иту, выхэр зыпащIэу щыта пкъоми арат зэреджэр.
1 октября, 2025 - 11:25
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр 2014 гъэ лъандэрэ щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абы ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щригъэкIуэкIащ Налшык. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм зэрадэлажьэм, блэкIа зэхуэс лъандэрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зэфIагъэкIа Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми.
1 октября, 2025 - 11:20
Анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэхэр хъума хъуным курыт еджапIэхэм гулъытэ щыхуащI. Сыхьэт бжыгъэхэр дызэрыхуей хуэдизу щымытми, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм я зэфIэкI къагъанэу тхужыIэнукъым къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм щагъэгъуэзэным ехьэлIауэ. Апхуэдэу илъэсым и кIуэцIкIэ Адыгэм, абы и ныпым, фащэм хухаха махуэшхуэхэм ирагъэхьэлIэурэ дерс зэIухахэр къызэрагъэпэщ, щIалэгъуалэр хабзэхэм драгъэхьэхыу.
1 октября, 2025 - 11:15
Илъэс хыщIым щIигъужащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахрэ (1957 гъэм). Абы щагъэкIуа илъэс бжыгъэхэр гукъинэ дахэ ящыхъуауэ нобэр къыздэсым зыгъафIэхэр мащIэкъым. Апхуэдэщ КъШР-м хыхьэ Малый Зеленчук (Ботэщей) къуажэм щыщ Брат Фатихь.
1 октября, 2025 - 11:12
Жэпуэгъуэм и 1, бэрэжьей
♦Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ
♦Макъамэм и дунейпсо махуэщ
♦Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
♦Кофем и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и лъэсыдзэхэм я махуэщ
♦1924 гъэм Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникум къыщызэIуахащ.
♦1933 гъэм Налшык Лениным и цIэр зэрихьэу дэт еджапIэ къалэ цIыкIум къыщызэрагъэпэщащ лъэпкъ студие.
1 октября, 2025 - 10:36
Хэкум, лъэпкъым епцIыжхэр сыт щыгъуи щыIащ. Ар дыдэр яхужыпIэ хъунущ дзыхь зыхуащIхэм щамыгъэпэж куэдрэ къызэрыхъуми. Псом хуэмыдэу властми политикэми ехьэлIауэ. Щапхъэхэр гъунэжщ.
Япэу уигу къэкIхэм ящыщщ 1973 гъэм и фокIадэм Чили жыжьэм къыщыхъуауэ щытар. Абы щыгъуэм къэралым и президенту щыта социалист Альенде Сальвалор тезыдзар езым къыхуэпэж дыдэу къилъытэу щыта Пиночет Агустэт. Ауэ, ипэкIэ зэрыжытIащи, ар куэдым щыщ зы щапхъэ къудейщ. Псом хуэмыдэу зи гугъу тщIы Iуэхум зиубгъуауэ щытащ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм.
|