Календарь событий

04 октября 2025

ЛIыхъужьхэм яIуощIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жэпуэ­гъуэм и 2-м яIущIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ­ветеранхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» егъэджэныгъэ Iуэхум пхыкIахэм. 

«Хэкум и хъумакIуэхэм я Кубок»-р къызэIуах

Налшык къалэм дыгъуасэ щы­зэ­хуэсащ «Хэкум и хъума­кIуэ­хэм я Кубок» зэхьэзэхуэм хэтынухэр. Дзэ Iуэху хэхам и ветеран 70-м нэблагъэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми къикIри къытхуеблэгъащ. Жэпуэгъуэм и 3-м къы­щыщIэдзауэ 6 пщIондэ екIуэкIыну зэпеуэр Iэтауэ къыщызэIуахащ «Гла­диатор» спорт IуэхущIапIэм. 

Къэрал, щIыналъэ Iуэхухэм топсэлъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым щытепсэлъыхьащ абыхэм я зэIущIэр зэрекIуэкIам. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЕгъэджакIуэхэм я махуэм хуэгъэза и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу, и ветеранхэу пщIэ зыхуэсщIхэ! 
Фи IэщIагъэм хухаха ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу! 
ГъэсакIуэм и пщIэм мыхьэнэ щхьэхуэ щиIэщ ди цIыхубэм я деж. Фэ къыхэфхащ къалэн лъапIэкIэ гъэнщIа IэщIагъэ къызэрымыкIуэ. Фэращ, егъэджа­кIуэхэмрэ гъэсакIуэмрэщ, еджакIуэхэм щIэныгъэ езытыр, дэтхэнэ зыми къы­зыхуигъэщIа IэщIагъэр къезыгъэгъуэтыжыр, жэуаплыныгъэ зыхэлъ, зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыху ди къэралышхуэм хуэзыгъасэр.