ФIым и кIуапIэр псэкIэ зыхищIэу, къыхуиуха гъащIэ гъуэгум гупсэхуу ирикIуа цIыхум теухуа гукъэкIыжхэр нэхъри нэхъ лъапIэ мэхъу, ар езыр къыщыхъуа къуажэм щыпсэухэм къабгъэдэкIмэ. Аруан къуажэм и нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бекъул Хьэбас и тхыгъэм къыщыдегъэцIыху и къуажэгъу Къумахуэ Анатолэ Мухьэмэт и къуэр.