Календарь событий

06 октября 2025

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Прохладнэдэс лъапIэхэ!

Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фIыуэ флъагъу фи къалэм и махуэмкIэ, ар илъэс 260-рэ зэрырикъумкIэ.

Дэ псоми фIыуэ долъагъу Прохладнэ къалэр, шэч къытесхьэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми си псалъэхэр къызэрыздаIыгъынум.

Прохладнэдэсхэми дэркIи нобэрей махуэшхуэр и нэщэнэщ къалэм тхыдэ гъуэгуанэшхуэрэ лэжьыгъэшхуэрэ и щIыбагъ къызэрыдэлъым. Мыбы сытым дежи пщIэ щыхуащI щэнхабзэм, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр щахъумэ, лъэпкъ хабзэр щалъытэ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 6, блыщхьэ

♦Ущыпсэуну къезэгъ щIыпIэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦1946 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик КIадэ Азэмэт.

Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 19, жэщым градус 15 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Балийр

Балиейр метррэ ныкъуэрэ е метритI хуэдиз хъу жыгщ, балиIэрысэ плъжь хъурейхэр къыпыкIэу.

Ди щхьэщ зыхуэтхъумэр

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар, адрейхэми хуэдэу, зыхуэгъэзар дэ, цIыхухэр, дыкъэзыухъуреихь дунейм щыщ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, Iущагъэ ин тхэлъу, дахуэсакъын зэрыхуейм иджыри зэ дригъэгупсысынырщ.  

Iуэхур нэхъ тынш мэхъу

Дызэрыт илъэсым фокIадэм и 23-м щегъэжьауэ УФ-м и щIыналъэ зыбжанэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, программэщIэ къыщыхалъхьащ ипотекэкIэ псэупIэхэр щIыным теухуауэ.

ХуэдиткIэ нэхъыбэу

2019-2014 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм и продукцэу хамэ къэралхэм хурагъэшам и куэдагъым хуэди 2,7-кIэ хэхъуащ. Къэдгъэлъэгъуэнщи, ди республикэм экспорт игъакIуэм хохьэ жылапхъэр, IэфIыкIэр, фадэмрэ псыхэкIымрэ, спиртыр, нартыху крахмалыр, Iусыпхъэхэр, нэкулъ лIэужьыгъуэхэр, лыхэкIхэр, хадэхэкI консервыр, нарзаныпсыр, нэгъуэщIхэри.

Псыежэххэм я «натIэ» хъуар

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ипсхэм къалэнышхуэхэр ягъэзащIэ: жыг хадэхэм щIагъэлъадэ, гидроэлектростанцхэр тращIыхь. Республикэм къигъэсэбэп электракъарум щыщу процент 30-р ди гидроэлектростанцхэм хуозэ. Ар къыщIах Бахъсэн, Аушыджэр, Къэщкъэтау ГЭС-хэм. Шэч хэмылъуи, ар фIыгъуэшхуэщ.

Иджы мы Iуэхум дыкъеплъынщ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ.

ЩIэныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэхэр

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым щекIуэкIащ «Проблемы системного изучения языка, фольклора и литературы народов Северного Кавказа в современных культурно-исторических реалиях» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ БакIуу Хъанджэрий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

И дахагъэр гъунапкъэншэщ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэIуахрэ илъэс 92-рэ хъуащ жэпуэгъуэм и 3-м. КъэфакIуэ гупыр къызэрызэрагъэпэщам теухуауэ дэфтэр пыухыкIахэр щIэлъкъым КъБР-м и архив IуэхущIапIэм. Ауэ, зэрыхабзэщи, сыт хуэдэ художественнэ гупми гъащIэм лъэбакъуэ щичауэ къыщалъытэр ар цIыхухэм япэу щаIущIарщ.

КъызыхэкIа лъэпкъым и блэкIам ириплъэжу

Тхылъымрэ щIэныгъэмрэ нэхъ уалъэIэс зэрыхъуж лъандэрэ, лъэпкъ куэдым я тхыдэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи ятхыжауэ къыдокI. Зи тхыдэр тхылъымпIэм тету яхъумахэм, къэрал дэфтэрхэм къыхэщыжхэм я Iуэхур нэхъ тынш щхьэкIэ, IуэрыIуатэкIэ фIэкIа зи блэкIам щымыгъуазэхэм я гуращэхэр нэхъ зрагъэхъулIэгъуей мэхъу а лъэныкъуэмкIэ. Арагъэнщ Къэхъун къуажэм щыщ Абазэ Леонид и лъэпкъым и блэкIам езым хищIыкIыр тхылъу къыдигъэкIыным тезыгъэгушхуар.