Календарь событий

10 октября 2025

Бэдрэжаным йогугъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и консерв заводихым бэдражанхэм жыджэру нобэ щолэжь.  КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, гъэм зэрыщIидзэрэ бэдрэжан пIытIа зэрылъу банкI мелуан 35,6-рэ траIуэнтIащ, кетчупхэмрэ соусхэмрэ иужькIэ къызыхащIыкIыжынухэр, чейхэм иралъхьащ, банкI мелуани 6,2-р - фIэIугъэщ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, консерв заводхэм къыщIагъэкI продукцэхэм езы IуэхущIапIэхэм я цIэхэр е УФ-м щыцIэрыIуэ брендхэм ейхэр зэрахьэ. Республикэм и мызакъуэу, ахэр щащэ къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм я сату щIыпIэ инхэми интернет тыкуэнхэми.

БЭБЭЧ Башир.

Я фэеплъыр яхъумэ

Жэпуэгъуэм и 13-р  Къэрал кIуэцI органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм  я фэеплъ махуэщ 

2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м   IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр  ятеуат хабзэхъумэ,  къарузехьэ IэнатIэ 18-м.  Абы хиубыдат Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и хэщIапIэри. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхэуэм хэкIуэдащ IэнатIэм и лэжьакIуи  5.    

Зэпеуэм фрегъэблагъэ

«Open OS Challenge» зэпеуэм хэтыну программистхэм я лэжьыгъэхэр зэхуахьэс. Илъэс ещанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ Iуэхум щагъэнаIуэ икIи щагъэпажэ программэ зэхэгъэувэным теухуауэ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр. «Open OS Challenge - 2025» зэпеуэр траухуащ Lenuks ядром и системэ зэIухахэм хэту ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм, и саугъэт фондыр сом 1 000 000-рэ мэхъу. Зэпеуэм езым и сайти иIэжщ: openscaler.braim.org.

КъБР-м и япэ Президентым и фэеплъу

Жэпуэгъуэм 10-12-хэм Бахъсэн къалэм щыIэ «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы комплексым щекIуэкIынущ шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу, СНГ-м и чемпионат зэIухауэ ар щытынущ.

Зэхьэзэхуэм хэтынущ къэрал 30-м щIигъум я шууейуэ 200-м нэхъыбэ икIи абыхэм зэдагъэджэгунущ ахъшэ саугъэту псори зэхэту сом мелуан 1,5-рэ. Мылъкур къызыбгъэдэкIынур «Отрадэ» шы спорт клубымрэ шы лъэпкъыфIхэр къыщагъэхъу Тэрч завод №169-мрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэгъэпэщакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ.

Мелуан ныкъуэм нэблэгъэну мэгугъэ

Етхуанэ хъуахэми загъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 200-м нэхъыбэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.

IэнатIэм и мыхьэнэр зыхащIэу

 Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр 2025 гъэм зыхуэзэр жэпуэгъуэм и 12-рщ (мазэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм). Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым и щIыналъэ псоми щагъэлъапIэ. 2024 гъэм ар зыхуэзэр жэпуэгъуэм и 13-рщ.

Мы махуэм зэришэлIахэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъурщ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэщIэу щыIэхэрщ.

Илъэсым къигъэлъэгъуэнущ

Дызэрыт илъэсым и кIэм УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 79-м экономикэ хэхъуэхэр къагъэлъэгъуэн хуейщ. Урысей Федерацэм 2026 гъэм игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ 2027 - 2028 гъэхэм къапэщыт къалэнхэмрэ ехьэлIауэ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыра программэм къыщыгъэлъэгъуащ апхуэдэу.

Хэкупсэу егъасэ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Щомахуэ Дусэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ Тамбовскэ жылэм дэт курыт школым илъэс куэд лъандэрэ щрегъэдж. Бзылъхугъэ щыпкъэм сабийхэр хэкупсэу, щыпсэу къэралым, щалъхуа щIыналъэм ягурэ я псэрэ хуитхьэщIыкIауэ къэгъэхъуным дапщэщи гулъытэшхуэ хуещI. ЕгъэджакIуэри и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэри дапщэщи жыджэру хэтщ Тэрч щIыналъэм, республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щекIуэкI зэпеуэхэм, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм, еплъыныгъэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм, пэрыт увыпIэхэр къахьу.

Дунейр зылъэгъуауэ, зи псэр къуажэм къыдэна

Аруан къуажэр егъэбжьыфIэ ЕгъэджакIуэм и фэеплъым. Ар зыгъэува Къумахуэ Анатолэ апхуэдэ жэрдэм щIищIар езым и псалъэкIэ къеIуэтэж:

Iэдэм къыжьэдэхуу дуней хуитым къытехьэжа

Дунейр къызэрыунэхурэ цIыхур гъэунэхуныгъэ куэдым къыпхыкIыурэ къекIуэкIащ. Куэд дыди «ягъэпщкIужащ» лIэщIыгъуэхэм – лIыгъэ зезыхьаи, бзаджагъэ зылэжьаи, нэгъуэщI куэди. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэшхуэхэм ящыщт Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр. Залымыгъэ, икIагъэ, гущIэгъуншагъэ – куэд ялъэгъуащ, я фэм дэкIащ цIыхубэм абы щыгъуэм. Апхуэдэ хъыбархэм ящыщ зы дыщIигъэдэIуат Болэтей къуажэм щыщ Ныбэжь Михаил. Ар зытеухуа щIалэм и къекIуэкIыкIар гущIыхьэ пщымыхъуу къэнэнутэкъым.

ЗэфIэкIышхуэ иIэт

Балэ Мухьэдин и цIэр мыкIуэдыжын зыщIар абы къигъэщIа макъамэхэрщ. Къапщтэмэ, макъамэу, уэрэду, оперэу, симфониеу 300-м щIигъу итхащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри ди лъэпкъ щэнхабзэм пыщIащи, цIыхухэм сыт щыгъуи ягу илъынущ. Абы и зэфIэкIым тетхыхьащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 10, мэрем

♦Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.

♦ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ

♦1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан.

♦1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.