Календарь событий

11 октября 2025

Хабзэхэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щы­тепсэлъыхьащ «КъБР-м къалэухуэ лэжьыгъэр къы­зэ­рыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ, 6-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» щIыналъэ законым и проектым.

ЕгъэджакIуэхэм я щIыхькIэ

ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм, ГъэсакIуэм, Курыт щIэныгъэм, ЩIэныгъэ гуэдзэным я лэжьакIуэхэм я махуэхэм теу­хуауэ республикэм Iуэхугъуэ дахэхэр щекIуэкIащ. КъБР-м и Къэрал Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр.

Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр

Бахъсэн щIыналъэм, Бахъсэн къалэри хэту, мы махуэхэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI ­Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ, Ислъэ­мей, ПсыкIэху, Бахъсэнёнкэ, Бахъсэн, Дыгулыбгъуей жылэхэр псори зэпыщIауэ псы къабзэкIэ къэзэгъэпэщыным ехьэлIауэ. Абы щхьэкIэ псори зэхэту бжьамий километр 79-рэ яукъуэдиинущ. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ а IэнатIэм пэрытхэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексым и ветеранхэ, и лэжьакIуэ лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ - Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ! Фи лэжьыгъэм фызэрегугъум и фIыгъэкIэ агропромышленнэ комплексыр ефIэ­кIуащ, республикэм и экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъ зызыужьахэм ящыщ зы хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексым и ветеранхэ, и лэжьакIуэ лъапIэхэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ - Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ! Фи лэжьыгъэм

Хэку зауэшхуэм къриубыдэу, Кавказыр хуит къыщащIыжа зауэзэрылIыр илъэс 82-рэ зэры­рикъуам ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и цIыхубэм за­хуигъэзащ.