Календарь событий

13 октября 2025

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу

Мамырыгъэрщ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр

КъБР-м и Президентым 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Iэ зыщIидзауэ щыта  Указым ипкъ иткIэ жэпуэгъуэм и 13-р  Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэу.

  ИЛЪЭС 20 ирокъу IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр Налшык щыIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм зэрытеуэрэ.

Зэи тщыгъупщэнукъым зи гъащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ щIэзытахэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2025 гъэм щIышылэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №2-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

ЦIыху щэджащэр зыщагъэгъупщэркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы комплексым щрагъэжьащ СНГ-м и чемпионат зэIуха, къитащ иджыблагъэ КъБР-м и Iэтащхьэм и телеграм-каналым. 
«Зэхьэзэхуэм хэтщ къэралипщIым щIигъум я шууеи 130-рэ. Программэм хохьэ бгылъэ гъуэгуанэу тху – километр 20, 40, 80, 120-рэ, 160-рэ зи кIыхьагъхэр.

ХьэщIэ лъапIэхэм сэлам гуапэ есхащ, зэхьэзэхуэм хэтхэм сехъуэхъуащ ехъулIэныгъэхэр яIэну, зыхуагъэувыжа къалэнхэм нэсыну, гукъинэж ящыхъуу ди республикэм зыщагъэпсэхуну. 

ГъуазджэмкIэ еджапIэм зеубгъу

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм мы махуэхэм щагъэзащIэ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным пыщIа, мыхьэнэ ин зиIэ пэхуэщIэр: сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэм унэщIэ къыбгъуращIыхь. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ар хуэунэтIащ унагъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ сабийхэм я зыужьыныгъэм шэсыпIэ хуэхъун Iэмалхэр къызэгъэпэщынымрэ. 

Дохутыр лъэрызехьэ

Дохутыр цIэрыIуэ Чазов Евгений япэ дыдэу къызэрицIыхуам теухуа и гукъэкIыжхэр къиIуэтэжащ УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я дохутыр, 1970 -1996 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру лэжьа Бер Мухьэдин:
- Ар къыщыхъуар 1974 гъэрщ. Пэжщ, нэхъапэкIэ куэдрэ и цIэр зэхэсхат, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, и IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэт. 

ХъуэпсапIэр нахуапIэ зыщI

Балигъ хъууэ, унагъуэ зыухуэу бын зыгъуэта дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щиIэфыну насыпыр, и хъуэпсапIэ псори и жьэгу пащхьэм ирепх. Ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я апхуэдэ гуращэхэм гуэхыпIэ имыIэу щIагъу нэгъуэщI зы хъуэпсапIи - бын пэлъытэ яхуэхъу сабий цIыкIухэм я текIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ ялъагъуныр абыхэм я дежкIэ фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэ си гупсысэхэр нэхъри щIигъэбыдащ иджыблагъэ сызыхуэза егъэджакIуэм дезгъэкIуэкIа псалъэмакъым. 

Адыгейм и «дыщэ хужьыр» яIэт

Дэтхэнэ хэгъэгуми езым нэхъыфIу къехъулIэу къыщIигъэкI е къигъэкI ерыскъыпхъэ иIэжщ. Апхуэдэу АР-м и напщIэ телъщ адыгэ кхъуейр, абы фестиваль щхьэхуэхэр хузэхешэ. Мы гъэм екIуэкIа зэхыхьэм щагъэлъагъуэрт лъэпкъым къуэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр – адыгагъэр, цIыхугъэр, гуапагъэр, хабзэр, фащэр, ерыскъыр, берычэтыр, щэнхабзэр, нэгъуэщI куэди. 

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13, блыщхьэ
ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
1904 гъэм
Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.
1891 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур