|
|
Календарь событий
14 октября 2025
14 октября, 2025 - 16:47
Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Кове Дауррэ абы и къуэдзэ Смыр Динарэрэ Сыхъум къалэм къыщыIущIащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
14 октября, 2025 - 16:00
Узыфэ зэрыцIалэхэм земыгъэубгъунымкIэ вакцинэр къэгъэсэбэпыным иIэ мыхьэнэм, языныкъуэхэм апхуэдэ мастэхэр зыхегъэлъхьэныр щIамыдэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуа зэIущIэ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1-м щекIуэкIащ.
ЩIыналъэм и дохутырхэм къищынэмыщIауэ, я еплъыкIэр къагъэлъагъуэу, видеозэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, зэIущIэм къыщыпсэлъащ ди къэралым педиатриемкIэ, иммунологиемкIэ, узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр.
14 октября, 2025 - 15:43
Мазищ къэс зэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм иригъэкIуэкI зэIущIэхэм лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд щызэпкърах. Апхуэдэу иджыблагъэ екIуэкIа зэхыхьэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ДАХ-р жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм зэрадэлажьэм, блэкIа зэхуэс лъандэрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зэфIагъэкIа Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми.
14 октября, 2025 - 13:41
Жылагъуэ лэжьакIуэхэр къихэтщ, цIыхухэм сэбэп яхуэхъуныр, гъащIэр нэхъ тынш, екIу, дахэ щIыныр, къэзылэжьам хуэфащэр лъыгъэсыжыныр, захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ дунейм щытепщэ хъужыныр къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжу. Апхуэдэ цIыхухэр гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ жылагъуэм яхуолажьэ, абы ифI зыхэлъ Iуэхугъуэхэм я жэрдэмщIакIуэу, зэщIэгъэуIуакIуэу, гъэзэщIакIуэу. Ауэ щыхъукIи, фIыщIэ гуэри пэмыплъэу, хъер, мылъку гуэри я щхьэкIэ къемыуалIэу. Апхуэдэу гъащIэр езыхьэкIхэм ящыщщ зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 70 ирикъуа Iэщнокъуэ Олег Анурбэч и къуэр.
14 октября, 2025 - 12:26
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Курыт Азиемрэ Евразие экономикэ зэгухьэныгъэм (ЕАЭС) хиубыдэ къэралхэмрэ къикIахэм папщIэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэзыгъэпэщахэм я мурад нэхъыщхьэр зытеухуар хамэ къэралхэм къикIыу Урысейм къихьахэм щIыпIэм хэсыхьын папщIэ ящIапхъэхэмрэ зыщыгъуэзапхъэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунырт, къэрал хабзэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIэ епсэлъылIэнырт.
14 октября, 2025 - 11:36
ФIы зигу имылъым мурад бзаджэ щищIам деж, ар нэхъыбэм зыхуиунэтIыр зи къалэн зыщIэжу псэу цIыхухэрщ.
Краснодар крайм хиубыдэ Козэт къуажэм дэт мэжджытым зыгуэрым кхъуащхьэ щIидзащ. Мэжджытым щIэт видеом еплъыжа нэужь, ар цIыхухъу балигъыу зэрыщытыр, ищIар телефонымкIэ зэрытрихыжар къалъэгъуащ.
14 октября, 2025 - 10:01
ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ ирокъу
14 октября, 2025 - 09:00
Жэпуэгъуэм и 14, гъубж
Пщалъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзкъуэдыхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1964 гъэм Брежнев Леонид КПСС-м и ЦК-м и Секретарь Нэхъыщхьэ къулыкъум ягъэуващ.
1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|