|
|
Календарь событий
15 октября 2025
15 октября, 2025 - 15:53
ГъащIэм и лъэныкъуэ куэдым ахэр лъабжьэ яхуохъу. Я мыхьэнэр щIагъэбыдэн мурадкIэ, Пщалъэхэм я дунейпсо махуэр илъэс къэс зытраухуэхэри зэщхькъым. 2025 гъэм ар ирагъэкIуэкI «Дунейр нэхъыфI зыщI псоми зэдай еплъыкIэ. ЗэпIэзэрыт зыужьыныгъэм и пщалъэхэр» («Общее видение для лучшего мира. Стандарты для достижения целей устойчивого развития») къыхуеджэныгъэм щIэту.
15 октября, 2025 - 14:47
Адэжь лъахэм нэхъыфI сыт щыIэн?! Абы и дахэр яIуатэу хэт гуапэ зыщымыхъунур?! Шэч къызытумыхьэжыну жэуапым узытет дунейм и зы къуапэ къыуимыгъэгъанэу щIэрыщIэу щIыуегъэпщытыкIыж, ар нэгъуэщIым дахэ икIи гукъинэж щIыщыхъум и щхьэусыгъуэхэр къыуегъэлъыхъуэ. Кавказыр, адыгэщIыр, адыгэ цIыхухэр хамэ щIыпIэ къикIахэм гунэс щIащыхъум я IуэхукIэ зи гъащIэ псом зэупщIыжрэ жэуап зэмылIэужьыгъуэхэр зратыжу къэпсэуахэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм зи хъыбарыр фIыуэ ящIэ Бормотов Иван.
15 октября, 2025 - 12:27
(абхъаз таурыхъ)
Нарджхоу щIалэм Гундэ тхьэIухудыр хузыщыгъэгъупщэртэкъым, и нэгум щIэт зэпытт, и гупсысэм хэкIыртэкъым.
Нарджхоу бжэрэ щхьэгъубжэрэ хэмылъу пщыIэ факъырэ щIэс Iэхъуэт, ауэ щыхъукIи, абы лIыгъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуейт, псом хуэмыдэу ерыщ хуекIуэу и гъуэгу къытехьам хуигъэгъунутэкъым.
Зэгуэрым ар и анэм деж щIыхьэу:
- Нысашэ сокIуэри, хэт къыпхуэсшэн? - щыжиIэм:
- Уэмрэ щIымрэ бгъэзми зыщ пхуэфэщэну слъагъур, ауэ къуатыну пIэрэ уэ ар? - къитащ анэм жэуап.
15 октября, 2025 - 12:25
Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Москва щыхуеджащ хамэ къэралыбзэхэм. Ася унагъуэщ, анэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ къыддогуашэ ар.
- Ася, уи IэщIагъэмрэ уэрэ сыт фызэзышэлIар?
15 октября, 2025 - 12:24
Лъэпкъым къыщIэхъуэ щIалэгъуалэм гугъэфI уэзыгъэщI, узыгъэшхуэ куэд яхэтщ. Ахэр дунейпсо утыкухэм йохьэф, къэрал къулыкъу лъагэхэм пэрытщ. Апхуэдэ пщащэ жыджэр акъылыфIэхэм ящыщщ Налшык къалэдэс Блий Каринэ.
15 октября, 2025 - 12:22
Жэпуэгъуэм и 15, бэрэжьей
♦Зи нэхэм ямылъагъухэм я дунейпсо махуэщ
♦Iэхэр тхьэщIыным и дунейпсо махуэщ
♦1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Анатолэ.
♦1935 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, КъБР-м, Абхъаз Республикэм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий.
|