Календарь событий

16 октября 2025

Улахуэмрэ лэжьыгъэмрэ

Анэшхуэм къыщIэна адыгэ пшынэр

 

Адыгэхэм щэнхабзэшхуэ зэраIар тхыдэр мызэ-мытIэу щыхьэт зытехъуа Iуэхущ. Къуажэ къэс пшынауи 10 - 20-м нэс дэсу зэрыщытам нэхъ щапхъэ сыт ухуей?! Ахэр хэмытуи зы хьэгъуэлIыгъуэ зэфIэкIынутэкъым. ГуфIэгъуэрэ лъагъуныгъэрэ зи пшынэ макъым къизыгъэкIыу илъэс 40-м щIигъукIэ гъуазджэм, цIыхубэм хуэлэжьахэм ящыщщ Уэрэзей Лидэ - «Кабардинка»-р гъащIэ зыхуэхъуа бзылъхугъэр.

ЩIалэщ, и мурадхэри куэдщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Республикэм спортым тетхыхь и журналистхэр абы щыхуэзащ ММА-мкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Санкт-Петербург къалэм щызэхэта зэхьэзэхуэм дыжьын медаль къыщызыхьа Мансуров Имран. Абы щытепсэлъыхьащ зэIущIэхэр зэрекIуэкIам, спортсменым зыхуигъэувыж къалэнхэм, республикэм спортым зыщегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

Лъэпкъ IэзэкIэ

«УIэгъэ хъуауэ и лъыр щIокI,

УзыхищIэжкъым, узэхихкъым…», - Лермонтов Михаил.

Зэхэуэ гуащIэм и Iэужьу зауэлIыр уIэгъэ хъуамэ, и къупщхьэ къутамэ, «щIопщакIуэкIэ» зэджэ Iуэхугъуэм нэхъ сэбэп щымыIэу къалъытэрт адыгэхэм. Абы жьыи щIэи хэтт, ауэ куэд дыдэ зэлъыта, Iуэху хьэлъэ зи пщэ къыдэхуэр щIалэгъуалэрат. Дэтхэнэми и акъыл жанымрэ гушыIэкIэ дахэмрэ игъэлъэгъуэну хущIэкъурт, сымаджэм и узыр щхьэщихын, и гупсысэхэр фIым хуиунэтIын папщIэ. ЩIалэгъуалэр гушыIэу, уэрэд жаIэу, къафэу зэхэтыху, Iэзэм шэр къыхихыжырт.

ЦIыхугъэр зи гъуазэ

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм, и Журналистхэм я союзхэм хэт, ЩIДАА-м и академик ТIымыжь Хьэмыщэ и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу мы махуэхэм. Хьэмыщэ и лэжьэгъуу щытахэм абы псалъэ гуапэкIэ зыхуагъазэ и махуэм ирихьэлIэу.

*    *    *

Къардэн Мусэдин, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и

Далэм куэд лъокI…

 

ХЬЭЦIЫКIУ Рае

Iуэтэж

Дахэжан ипхъу цIыкIум и щхьэцыр хуижьу щыст. ЕджапIэм щIигъэкIынущи, дыгъуасэрейм емыщхьу хутриухуэныкIын хуейщ. Апхуэдэщ сытым щыгъуи: зы махуэм зэрыщытам ещхьыжын хуейкъым къыкIэлъыкIуэр. ФIэфIт анэм Данизэ и щхьэц данэ гъуатIафэр и Iэгум иригъэжыну, мажьэр иригъакIуэурэ, зэрызэтелыдыкIэм кIэлъыплъыну.

Сыт хуэдэ лIэужьыгъуэ дызыхиубыдэр?

  Урысей школхэм щадж бзэхэм ящыщу  24-р «ныбжькIэ зэIэпамыхыжхэм» хеубыдэ. Абы къикIращи, е а бзэхэм ирипсалъэ щыIэжкъым, е куэдрэ къагъэсэбэпыркъым. Бжыгъэхэр къехь РАН-м и БзэщIэныгъэ институтым.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 16, махуэку

Ерыскъым и дунейпсо махуэщ

ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ

 Анестезиологым и дунейпсо махуэщ

1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я зэхуэс.

1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.