Календарь событий

17 октября 2025

ТхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, адыгэ литературэр зыгъэбея тхакIуэ КIуантIэ Iэзид къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. 

Хьэлыгъум (щIакхъуэм) и махуэ

ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ япэ дыдэу къыщыхалъхьауэ щытар «ЩIакхъуэм и махуэ» жыхуаIэр щыIэн зэрыхуейм теухуа жэрдэмыр. 

Хэкур зи плъапIэ

Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Тыркум Коджаэли щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру щеджащ. Ар 2020 гъэм къиухащ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ. Щоджэн Умаррэ Арымбэч Айшануррэ лъэпкъым зы адыгэ унагъуэу къыхэуващ. 

ЩIыуэпсым и къыщхьэщыжакIуэхэм я махуэ

Мэзкъуэды (мэзгъэфIэн) ди къэралым япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщар 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 26-рщ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, Байкал гуэлым къегъэщIылIа Баргузин шытхым (Бурятие щIыналъэ) къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и джабэм щыхагъэунэхукIат хэхауэ яхъумэ щIыпIэ. Ар мэлажьэ нобэр къыздэсми, къыщIызэрагъэпэща и къалэныр игъэзащIэу. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №63-ФЗ-уэ 1998 гъэм гъатхэпэм и 28-м къыдэкIам ипкъ иткIэ 2025 гъэм икIи 2026, гъэмрэ 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм дзэ комиссариатхэр здэщымыIэ щIыналъэхэм пэщIэдзэ дзэ учетым гъэувынымкIэ я полномочиехэр ягъэзэщIэн папщIэ жылагъуэхэм я бюджетхэм субвенцэхэр ятегуэшэным теухуауэ «2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдэк

Гум имыхуж

Жэпуэгъуэ мазэр куэдым гукъинэж зэращыхъун нэщIэбжьэ къытхузэдихьат 2005 гъэм. Абыхэм ящыщ зыщ мы хъыбарыр къытхуэзыIуэтэж Жанетэ Б. 

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 17, мэрем

Щхьэусыгъуэр - щхьэусыгъуэкъым!

Хоссейни Сейед Реза Барадаран гъуэгугъэлъагъуэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ. «Иран Резэ»-кIэ зэджэ щIалэр и гъащIэм тепсэлъыхь пэтрэ, нэгъуэщI и зы хэкуэгъу телъыджи къыдегъэцIыху. Щхьэусыгъуэр – щхьэусыгъуэкъым, жызоIэ сэ, апхуэдэ цIыху телъыджэхэм я хъыбар щызэхэсхкIэ.