Календарь событий

18 октября 2025

Къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым дохутырхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр зрашэлIэну и къудамэщIэм икIи щыгъуазэ зищIащ абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. Махуэ ­гъунэгъухэм абы лэжьэн щIидзэнущ. Илъэ­гъуахэм я гугъу КъБР-м и Iэтащхьэм щещI интернетым щиIэ напэкIуэцIым.

ЩэкIуэным теухуа хабзэхэр

КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIы­уэп­сыр къэгъэсэ­бэ­пынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыу­хъуреихь ­дунеймкIэ и комитетым иджы­благъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щы­теп­сэлъыхьащ хьэкIэкхъуэ­кIэ­хэмрэ къуа­лэбзу­хэмрэ зэрахъумэн, щэкIуэныр къы­зэрызэрагъэпэщ Iуэху­хэм. 

Гулъытэшхуэ зыгъуэт IэнатIэ

Урысей Федерацэм и автомобиль зекIуа­пIэхэр зэпэщ щIыным хуэгъэзащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр. Ар 2018 гъэм къащтащ. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэм йолэжь

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Пре­зидиумым и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абдеж унафэ къыщащтащ къыкIэлъыкIуэ зэ­IущIэр жэпуэгъуэм и 21-м зэхашэну.