Календарь событий

21 октября 2025

Спорт хъыбархэр

Урыс Мухьэмэд дуней псом и чемпионщ

 

 

 

Сербием и Нови-Сад къалэм щекIуэкIащ грэпплингымкIэ («Grappling Gi», «Grappling No-Gi» унэтIыныгъэхэмкIэ) дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я спортсмен лъэщхэр, УФ-м и командэри яхэту. Урысейм хузэфIэкIащ дыщэ медалу 11 абы къыщихьын.

ПсомкIи хэхъуэ къагъэлъагъуэ

 Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – шыщхьэIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту къыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом мелард 42,6-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 104,9-кIэ хуэкIуэу, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

ЖыпIэнурамэ, Iэщ гъэхъун IэнатIэм хэхъуэу къигъэлъагъуащ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ, лымрэ джэдкъазылымкIэ, псэууэ шэчауэ, проценти 10,5-рэ, гъэшымкIэ – процент 0,5-рэ, джэдыкIэмкIэ – процент 1,4-рэ

Пшынауэ Iэзэм и гупсысэхэр

 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр (Михаил) и сабиигъуэм щегъэжьауэ пшынэр и Iэпэгъущ, езыми куэд хуигъэсащ абы. Къуэдзым и деж пшынэ еуэн щыщIэзыдзахэм къахэкIащ республикэм и гулъытэ зыхуагъэфэщахэр. Ноби ар IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрытщ, сабийхэр пшынэм хуэгъэсэнымкIэ УФ-м и «Макъамэ» ансамблым и художественнэ унафэщIщ. Пшынэ еуэну къызэрыщIидзамкIэ, езым и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ, гъуазджэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ Михаил.

Гъуэгу къэхъукъащIэхэм иригузавэу

Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм и парламентым и депутат

 Дидаров Сослан и цIэр нэхъапэми къитIуауэ щытащ, цIыхубэр зыхуей-зыхуэфIхэр ищIэу, илъэкI къэзымыгъанэ къулыкъущIэ щIалэхэм я щапхъэу. АпхуэдэпщIэ цIыхубэм я деж Сослан къызэрыщилэжьыфар зыхуахьыр езым и лэжьыгъэм псэ къабзагъэу хилъхьэрщ.  

Гулъытэ ирагъэгъуэт

2026 гъэм УФ-м иIэну бюджетым и проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, къэралым и АПК-м ехьэлIауэ лажьэ къэрал программэхэм сом мелард 540,4-рэ хухахынущ, жиIащ Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ.

Дохутыр Iэзэ

«Нейрохирургием нэгъуэщIым и гъащIэм ухуэсакъыу уегъасэ. КъыбгуроIуэ асыхьэтым ар уэ куэдкIэ уэлъытауэ зэрыщытыр.

АдэцIэр зэхагъэгъуэщами

2004 гъэм, ТекIуэныгъэм и махуэм и пэ къихуэу, “Аргументы и факты” газетым тхыгъэ кIэщI къытрадзауэ щытащ. Абы итт Малэ Къэрэшей районым щыщ Первомайск (Абыкъухьэблэжь) къуажэм щыщ адыгэ щIалэ Тамбий Владимир Леонтий и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIауэ зэрыщытар. АрщхьэкIэ а цIэ лъапIэр зыфIащам къылъэIэ­сы­жакъым, и адэцIэр зэха­гъэгъуащэу Леонтийм и пIэкIэ Леонид жиIэу ятхауэ къыщIэкIри.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 21, гъубж

1994 гъэм Къэрал Думэм УФ-м и Граждан кодексыр къищтащ.

1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ Iэзэ, къызыхэкIа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэгъэудж Мухьэмэд.

1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ЛъэнкIэпIашэ Мусэ.

1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн.