Календарь событий

22 октября 2025

ЩIым игъэпщкIухэр

Иужьрей зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым археологхэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр нэхъыбэ хъуащ. Ари гурыIуэгъуэщ – щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, цIыху хужьыр къыщыунэхуар Кавказырщ. Мис абы щыхьэт техъуэ гуэрщ археологхэм къалъыхъуэри. 
 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа археологие къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ щIэныгъэлIхэм къащIащ Кавказ Ищхъэрэм неолит лъэхъэнэр (цIыхур зэрылажьэ Iэщэ ищIын щыщIидзар) къыщыщыунэхуар. Археологхэм ди республикэм къыщагъуэтащ а лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъ мини 5, зи ныбжьыр илъэс мини 8-м щIигъухэр. 

ЦIыргъуш мыхъур

Тхыбзэр къызэрежьэу, дэфтэрхэмрэ письмохэмрэ мыхъур трагъауэу хуежьащ. Зи тхыгъэхэм дамыгъэ тезыщIэну япэу зигу къэкIар шумерхэрщ. Тхыпхъэ зыхэщIыхьа мывэ цилиндркIэ ятIагъуэм дамыгъэ тращIэрт. Ауэ ятIагъуэр щабэIуэт мыхъур къыхэпщIыкIынкIэ. Курыт лIэщIыгъуэхэм пащтыхьхэм я Iэлъынхэм тет сурэтхэмкIэ дамыгъэ тращIэрт шэхум. 

Бжьыхьэ нэщхъей…

Новеллэ
ГъукIэ-Мэремэкъул Маринэ и къалэмым къыщIэкI Iуэтэжхэр теухуащ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэ Iуэхугъуэхэм. Абы и тхыгъэхэмкIэ ди нэгу къыщIигъэувэж теплъэгъуэхэм цIыху гъащIэм нэхъ куууэ дыхагъаплъэ, дыкъэзыухъуреихьхэм нэхъ набдзэгубдзаплъэ дыхуащI. «Бжьыхьэ нэщхъей…» новеллэмкIэ а лъэхъэнэр щыхьэт зытехъуа зы Iуэхугъуэ къытхуеIуэтэж.
И гъэтIылъыгъэ бейхэр зэрылъ матэр иIыгъыу, хуэмурэ бжьыхьэр къалэм къыдохьэ. Ар щтэIэщтаблэщ, щымщ, зыми зыкъримыгъэлъагъун папщIэ къызэрыкIуэри жэщущ. 

Шуджэгу ирагъэкIуэкIащ

   Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэкIэ жэпуэгъуэм и япэ щэбэтыр Адыгэшым и махуэу ягъэувауэ щытащ 20I9 гъэм. Абы техуэуи нэхъ гувауи, адыгэхэр щыпсэу республикэхэм шы гъэхъуным епха гъэлъэныгъуэхэр, зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкI. Къэрэшей-Шэрджэсым щылажьэ Шууей Хасэм и жэрдэмкIэ, ВакIуэ-Жылэ къуажэм «Шуджэгу» зэхьэзэхуэ щызэхэтащ жэпуэгъуэм и 10-11-хэм. 

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 22, бэрэжьей
ЩыпсалъэкIэ зэIынэ цIыхухэм я дунейпсо махуэщ
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я финанс-экономикэ IэнатIэм и махуэщ
1841 гъэм
къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур

ЩIэныгъэ нэсым и нурыр

 Илъэс 93-рэ ипэкIэ, 1932 гъэм и бжьыхьэм, КПСС-м Къэбэрдей-Балъкъэр областной комитетым и лъэIукIэ Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр. ПсынщIэу зызыхъуэж гъащIэм жылагъуэм къыхуигъэува Iэмалыншагъэхэм ящыщ хъуат а еджапIэ нэхъыщхьэр ди щIыналъэм къыщызэIухыныр. Апхуэдэу, РСФСР-м и Правительствэм и УнафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэ хъуащ япэ еджапIэ нэхъыщхьэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэр. 

Лобжанидзе Владимир ягу къагъэкIыжу

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Лобжанидзе Владимир и фэеплъу щытащ ар икIи абы щызэпеуащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я бэнакIуэ 274-рэ. 

ЕужьэрэкIыу йолэжь

КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту республикэм щылажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Бахъсэненкэ къуажэм Бэрэзджымрэ Тхьэкъуахъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэм псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэж. 

Хэгъэгум и гушхуапIэ

Адыгэ Республикэм илъэс къэс ирагъэкIуэкI Адыгэ кхъуейм и фестивалым КИФЩI-м, ИФЩI-м щыщ журналистхэр ирагъэблагъэ. АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэм запыщIэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и нэIэ щIэту Ипщэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ журналистхэр дыхэтащ мыгъэрей фестивалым. Дыщыпсэунури щIыпIэ нэхъыфI дыдэу къыхахри, Дахэ губгъуэшхуэм дызэрашэну-дыкъызэрашэжыну машинэхэр яубзыхуауэ дынэсащ.