|
|
Календарь событий
23 октября 2025
23 октября, 2025 - 16:46
Дунейр цIыхухъум хуаухуауэ къащыхъуу, бзылъхугъэхэр къэрал унафэми, медицинэми, щIэныгъэми ирамыгъэкIуалIэу, унагъуэ Iуэхумрэ лъхуэн-пIэнымрэ къыхуигъэщIауэ къалъытэу къэгъуэгурыкIуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. 19-нэ лIэщIыгъуэращ ахэр я хуитыныгъэхэм тепсэлъыхьу щыщIадзар, IэщIагъэ-щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным щIэбэну я щхьэр къыщаIэтар. Абыхэм ящыщщ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну урыс бзылхугъэр, япэ дыдэу дохутыр IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтар.
23 октября, 2025 - 16:13
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и МВД-м Iэпхъуэшапхъуэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм, Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэмрэ (ФСБ) Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэхэмрэ я гъусэу Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ «Нелегал – 2025» федеральнэ Iуэхум хыхьэ лэжьыгъэ.
Абы хыхьэу ухуэныгъэ 11 къапщытати, Iэпхъуэшапхъуэхэм ехьэлIа къэрал унафэм ебэкъуауэ 33-рэ къыщIагъэщащ, къуэдыуэ сом мини 100 абыхэм тралъхьащ.
23 октября, 2025 - 14:50
Толстой Лев и тхэкIэр зэхэщIыкIыгъуейт. И щхьэгъусэм и закъуэт къеджэфыр шэкъэкIэ итххэм, арат къизытхыкIыжри тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Толстоим и щхьэгъусэм зыбжанэрэ къритхыкIыжауэ щытащ «Война и мир» романышхуэр. Языныкъуэхэм хуагъэфащэ Тостой Лев апхуэдэ хъэтI мыгурыIуэгъуэ щIиIар егъэлеяуэ псынщIэу тхэн хуей зэрыхъум къыхэкIыу щытауэ. Ари пэжынкIэ хъунущ, абы и Iэдакъэм къыщIэкIахэм я куэдагъыр къэплъытэмэ.
23 октября, 2025 - 13:23
«Спортыр терроризмэм и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэдахэм я фэеплъу, дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и бэнакIуэ 200-м щIигъу.
23 октября, 2025 - 12:21
Наркоманием хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ узэрыпэщIэтыным теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм. Абы хэтащ министрым и къуэдзэ Гилиев Мурат, КъБР-м Психиатриемрэ наркологиемкIэ и республикэ клиникэ центрым и приемнэ къудамэм и унафэщI Хъущт Хьэсэн, КъБР-м къалэн куэд щызэфIах и центрым и IэщIагъэлI ЛIыхъурей Заур сымэ.
23 октября, 2025 - 11:18
Кубокыр Бахъсэн макIуэ
КъБР-м и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ ветеранхэм ирагъэкIуэкI зэпеуэм и кIэух зэхьэзэхуэр Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щызэхэтащ. Абы щызэхуэзащ Бахъсэн къалэм и «Старая крепость» командэмрэ Дзэлыкъуэ районым и Псынэдахэ къуажэм и «Родник» клубымрэ.
23 октября, 2025 - 10:12
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъухэм къалэнхэр зэрытрагуашэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
23 октября, 2025 - 09:15
Жэпуэгъуэм и 23, махуэку
Щомыщ хужьым и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ рекламэ IэнатIэм щылажьэхэм я махуэр
1914 гъэм Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ театральнэ училищэр къыщызэIуахащ.
1974 гъэм Дунейпсо Олимп Комитетым Венэ (Австрие) щригъэкIуэкIа 75-нэ сессием унафэ къыщащтащ XXII гъэмахуэ Олимп джэгухэр СССР-м и къалащхьэ Москва щегъэкIуэкIыным теухуауэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|