Календарь событий

24 октября 2025

Зэрыдэ машинэм и хъыбар

 «Зингер» зэрыдэ машинэм и цIэр дунейм и плIанэпэ псоми щызэхахырт. Бзылъхугъэхэр щIэхъуэпсырт ар яIэну, цIыхухъу нэхъ зызыгъэбэлыхьхэм я псэгъухэм ар иратыну я мылъкур хурикъумэ, абы нэхъ тыгъэфI щымыIэми ярейт. Зэрыдэ машинэр зылъагъу сабийхэри ехъуапсэрт абы еIусэну, и педалым теувэну, и лэжьэкIэр зэрагъэлъагъуну. ЯфIэтелъыджэт абы шэрхъ зэрыхэтыр. Механик, инженер, хьэрычэтыщIэ Зингер Айзек (Исаак) къигупсысат зэрыдэ машинэр. Мылъку щыщIэ актёр тхьэмыщкIэу къежьар мелуанырыбжэ хъуащ, компаниешхуэ къызэIуихащ.

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» зэхешэ

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ зэпеуэм хэтыну хуейхэр къыхех. Зэхьэзэхуэр хуабжьу сэбэп яхуэхъунущ псэукIэм ехьэлIауэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ яIэ гупсысэхэр гъащIэм хапщэнымкIэ. Мы гъэм зэпеуэр зытеухуауэ щытынур гъэсакIуэхэмрэ чэнджэщэгъу яхуэхъухэмрэ ехьэлIа Iуэхум нэхъри зегъэужьынырщ, зыр зым дэIэпыкъуным теухуа гукъэкIым зегъэубгъунырщ. Гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIынур урысей псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, тхыдэ-щэнхабзэ щIэинхэр хъума зэрыхъуным нэхъ теухуахэрщ.

Сытми къыхэщ дамыгъэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и IуплъапIэр зымылъэгъуарэ ар зыхуэдэр жызымыIэфынрэ куэд дыдэ щыпсэууэ къыщIэкIынукъым ди щIыналъэм. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и щIыхьэпIэм и Iуж натIэр хуэхъурейщ, ар пкъощIэсэ гъумыщIэхэм щIаIэгъэ, и фIэщыгъэр хэгъэгум къэралыбзэу щагъэува бзэхэмкIэ – адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ – къэгъэлъэгъуащ. IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ а еджапIэм щызэзыгъэгъуэтауэ а пкъощIэсэхэм деж фэеплъ сурэт щызытрезымыгъэха яхэткъым щIалэгъуалэм, ар къэгъэнауэ, абдеж зэ щытауэ къэзымыгъэзэжа куэди щыIэкъым.

Къэрмокъуэм и дуней телъыджэр

Мы гъэм, щэкIуэгъуэ мазэм и 2-м, илъэси 10 хъунущ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, журналист Къэрмокъуэ Мухьэмэд дунейм зэрехыжрэ.

Бийм удынышхуэ езыдза

Адыгей журналист, усакIуэ цIэрыIуэ, зауэлI хахуэ Андырхъуей Хъусен ящыщщ Хэку зауэшхуэм ЛIыхъужь щыхъуахэм. Ар 1920 гъэм Адыгэ Республикэм щыщ Хьэкурынэхьэблэ къыщалъхуащ. ПэщIэдзэ еджапIэм щIэсу усэ итхын щIидзащ икIи 1935 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыдэкIа «Колхоз бэракъ» газетым и япэ усэ Iэрамэр къытехуащ.

Адыгэм и динымрэ мифологиемрэ

Лъэпкъ гъащIэм, лъэпкъ щэнхабзэм щIыпIэшхуэ щеубыд диным. Абы ижь зыщIихухэм ящыщщ IуэрыIуатэр, псом хуэмыдэу пасэрей жанрхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, мифхэр, хъуэхъужьхэр, нарт хъыбархэр, псысэ гуэрхэр, къинэмыщIхэри. Диным и лъэужь хыболъагъуэ нэхъ кIасэу къежьа жанрхэми. Абы къыхэкIыу IуэрыIуатэм щыщ куэд нэсу гурыIуэгъуэ хъунукъым лъэпкъым иIыгъа дин лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэр фIыуэ умыщIэу. Фи пащхьэ идолъхьэ «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Мыжей Михаилрэ абы ипхъу Пащты Мадинэрэ адыгэм и диным теухуауэ къатIэщIар.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 24, мэрем

♦Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ

♦Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ

♦Полиомиелитым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я гуп щхьэхуэм (Спецназым) и махуэщ

♦1897 гъэм Урысейм и тхыдэм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ.