Календарь событий

01 ноября 2025

Спорт хъыбархэр

  Карачаевск щызэхуос

Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Карачаевск къалэм и «Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ, «Олимпым и гугъапIэхэр» фIэщыгъэр зэрихьэу. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 20-м я бэнакIуэ 250-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалитI къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм УнэлIокъуэ Сэлим (кг 80) япэ увыпIэр, Кумыщ ТIалиб (кг 110-рэ) ещанэр щаубыдащ.

ЩIалэхэм я тренерхэр Шэкъум Iэхьедрэ Жыгун Анзоррэщ.

ГъащIэ узыншэм хуэгъэпсауэ

Бахъсэн районым и къуажэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным ехьэлIауэ щIыналъэ администрацэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр иужьрей илъэсхэм ирегъэкIуэкI, жылэхэм щыпсэухэр  спортым дегъэхьэхын, ахэр узыншэу  псэун папщIэ.

Къруми сыхэкIыжащ, бгъэ дамэри къутащ

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Гъут Ланэ адыгэ лъэпкъым и блэкIар къэтIэщIыжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщ зыщ.

Мыхьэмэт-Iэшэ тцIыхуу пIэрэ?

Илъэс 215-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа ХьэтIохъущокъуэ  Мыхьэмэт-Iэшэ хуэдэу зи пщIэр тхыдэм къыхэлыдыкI лIыхъужь куэд диIэ къыщIэкIынкъым. Ар цIэрыIуэ къудейкъым, атIэ лъэпкъым псэкIэ игъафIэ щэджащэхэм язщ. 

ЛIы хахуэ

Дэфтэрхэм яхъумащ адыгэлI хахуэр сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэ­ры­хьэным ар зэрыхэлIы­фIыхьар... Ар Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэрщ.

ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ

    КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м къэрал кIэлъыплъыныгъэм щIэмыту щрагъэкIуэкI экономикэр гъэмэщIэным теухуауэ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. 
    Вице-премьерым къыхигъэщащ къэрал хабзэр къызэпызыуду лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщхэр щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм зэран зэрыхуэхъур, апхуэдэуи абыхэм цIыхухэм социальнэ шэсыпIэхэр зэрырамытым къыхэкIыу а Iуэхур дзыхьщIыгъуэджэу зэрыщытыр.

Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIэщ. Дыгъуасэ ар IущIащ Урысейм и Казначействэм и унафэщI Артюхин Роман.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэрал мылъкур зегъэкIуэным,  бюджет ахъшэр сэбэпынагъ нэхъыбэ пылъу къэгъэсэбэпынымрэ проектхэр зэгъусэу республикэм щыгъэзэщIэнымрэ пыщIа Iуэхухэм.

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ

 

Композитор цIэрыIуэ Молэ Владимир къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху гуащIафIэт Молэ Владимир. ИлъэсиплI ипэкIэ и ныбжьыр илъэс 81-м иту, ар дунейм ехыжащ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 1,  щэбэт

Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ

Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ

1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.

1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэIуахащ.

1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.